1 Бзэлъэмыж бзэрабзэ- Чудесный мостик

А
Адэжынэр лъэкъуапц1эщ,
Адэжынэр джэрейщ.
Абгъуэ чыцэм щок1эц1ыр,
Абгъуэрыни хуэмей.

Акацэшхуэм щок1уасэ,
Аргъынащхьэм щожей.
Аму удзыр и щ1асэщ,
Абрэмывэм долъей.

*Адэжынэ - Дергач.
*Акацэ- К1арц1
*Аргъынащхьэ- Начало валка, грядки.
*Аму удз - Бутень клубненосный.
*Абрэмывэ-Огромный, тяжёлый камень.

А
Ажэм аргъуейр едзэкъащ,
Ажэр ц1ыву щ1игъэпхъуащ.
Джэдэщыбжэр хиудащ,
Лъэуей-абгъуэр икъутащ,
Абгъуэрынэр иутащ.

Адакъэжьыр дэлъеящ,
Ажэм и псэр 1уиудащ,
Аргъуейр вуууэ лъэтэжащ.
Дадэ абгъуэр ищ1ыжащ,
Абгъуэрыни ирилъхьащ.

Аргъуей ц1ык1ур хьэкъзэхэшэщ,
Лъыщ1эфык1ыу ажэгъащтэщ.

ПСАЛЪЭЖЬ:
Аргъуейри ц1ык1у дыдэщ - аслъэным илъ йофэ.
Адыгэ хабзэ адэ щ1эиныжьщ.
Адыгэ хабза - древнее наследство.
Акъылыр былымщ.
Акъыл зи1эм шы1э и1эщ.
 
Б
Банэ куэд къыздэк1 мэз бгыпэм.
Бабыщ йощэ бажэр хъуп1эм.
Ещ1эр бажэм 1эмал куэд,
Ди бабыщхэр тф1егъэк1уэд.
Къигъуэтынщ Билал бажэгъуэр,
Къиубыдынщ хьилэр жэпуэгъуэм.

Б
Бжьын-бжьыныхухэр бжьыхьэм хасэ.
ХадэцIыкIу къэкIыгъэ хьэсэу.
Бэдрэжан, бэлыджэхужь,
БэрэтIинэ, шыбжий плъыжь.
Хьэсэ бгъуфIэм щыбагъуэнущ,
Бэрэчэти къапыкIынущ.
Балийжыгхэр къэгъагъэнущ-
Бжэндэхъу абгъуэхэр ф1этлъхьэнущ!

*БэрэтIинэ-Мята
*Бэлыджэхужь-Редька.
*Балийжыг- Вишня

ПСАЛЪЭЖЬ:
Бжьын щ1эгъуэм 1эпэшын,
Бжьын шхыгъуэм жумэрэн.
Выращивать лук -(у него)больные пальцы,
а кушает лук, как суслик.
Банэ лъэгу банэ къок1эж.
Бгъуэ егъапщи, зэ пыупщ1.
Бзаджэр чэнджэщэгъу умыщ1.

В
Выгум выр щ1эщ1ауэ мак1уэ,
Выгум дису вак1уэ док1уэ.
Вы мыхъунухэр жэмыбжьэщ,
Выпщэм тесщ Мэжид зигъэпщу.
 
ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ-ПСАЛЪЭЖЬ:
Вы зимы1эм и шк1эр щ1ещ1э.
Хъунур вы- шк1э щ1ык1э ящ1э.
Вы зимы1эм и шк1эр щ1ещ1э.
Хъунур вы- шк1э щ1ык1э ящ1э.

ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ-ПСАЛЪЭЖЬ:
Выф1ым уеуэмэ мэувы1э.
Вакъэжьылъэ зэш имы1э.
Выф1ым уеуэмэ мэувы1э.
Вакъэжьылъэ зэш имы1э.

*Вакъэжьылъэ - бывалый человек.

В
ВАГЪУЭЩЫГЪЭ
Вагъуэбэ щыгъэр зэщ1облэ уэгум,
Вагъуэзэшиблым уи псэр яхьэху.
Ищхъэрэвагъуэм игъуазэщ гъуэгухэр,
Шыхулъагъуэ вагъуэхэр бзыгъэу къонэху.

***Вагъуэщыгъэ – Южная корона
***Вагъуэбэ – Созвездие Дельфина
***Вагъуэзэшибл – Большая Медведица
***Ищхъэрэвагъуэ - Полярная Звезда
***Шыхулъагъуэ – Млечный путь

Г
Гынплъыжь хущхъуэ ещ1 Гуэгунэ,
Гынудз губгъуэм къыхепщ1ык1.
Гын изыбзэ ещ1 гынылъэм,
Гын удзхущхъуэм къыхещ1ык1.

Фэризэт джэдгын къохъул1э,
Хущхъуэ гынхэр губгъуэм къепщ1.
Гуузгынк1э 1эзэ дыдэщ,
Сабийгынри удзк1э ещ1.

ПСАЛЪЭЖЬ:
Бгыр 1эмалк1э якъутэ.
Гору разрушают умением.
Бгит1ыр зэ1ущ1эркъым,
ц1ыхуит1ыр зэ1уощ1э.

Гу
Гуащэнабдзэ и мэр дахэщ,               
ГуащэIэпэ- удз бэгъуащ.               
ГубгъуэIущхьэ- Iущхьэ хахуэщ,       
Гуащэщхьэцыр удз гъэгъащ.             
Гуэгушыпэр къащхъуэ-щхъуантIэщ,      
Губгъуи хади ар къыщокI.
Теплъэ дахэу гуащэIупэр,               
Тхьэмпэ захуэ-лъагэу мэкI.
Зэмыфэгъуу удз IэплIакIуэм,
Гугъэ дахэ сэ хузощI.
Си гухэлъхэр хызогъапскIэ,
Удз губгъуэшхуэр сигу имыкI!            

*Гуащэнабдзэ- Роза
*ГубгъуэIущхьэ- Мак
*Гуащэщхьэц- Гладиолус
*ГуащэIэпэ- Мята
*Гуэгушыпэ- Гиацинт
*ГуащэIупэ- Кольник

Гу
Гущэ
Угъурлы къуапипл1у, ди АДЫГЭ ГУЩЭ,
Къыппащ1ынкъым зыри уэ нэхъ тынш!
Бэрэжьейр зи гупсэу, уей, ди ГУЩЭ!
Дзапэ гущэ уэрэд къыпхураш!

Пхущ1аупск1э щабэу уи гущэкъур,
Уи куэщ1 ныпхуралъхьэ дзэдзу 1эф1.
Зэпымычу, быдэ мэхъу гущэпсхэр,
Тхьэшхуэ лъап1эм щымыщ1эу и нэф1!

Анэм и быдзышэр уощ1 жей быдэ,
Джэду тыншу нанур уогъэхъей.
Укъыщытщи жылэм и жьэнт1ап1эу,
Пхупегъанэ дзыгъуэ джанэм жейр.

Бэрэжьейр зи гупсэу, уей, ди ГУЩЭ!
Къыппащ1ынкъым зыри уэ нэхъ тынш!
Угъурлы къуапипл1у, ди АДЫГЭ ГУЩЭ,
Дзапэ гущэ уэрэд къыпхураш!

ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Гухъук1э нанэ хугу дегъэгу.
Гуащэ гуэным лы щегъэгъу.
Нанэ гухъук1э хугу дегъэгу.
Гуэным Гуащэ лы щегъэгъу.
 
ПСАЛЪЭЖЬ:
Гупщыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.
Гум пык1ыр гум хохьэж.
Гу к1уэм гудзэ къыхеуд.
Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ.
Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуа1эщ.
Гум илъыр нэгум къыуегъащ1э.

Гъ
Гъатхэм жыгхэр зэщ1огъагъэ,
Гъатхэм шыблэр зэщ1огъуагъуэ.
Гъатхэм бзухэр къолъэтэж,
Гъатхэм тафэр къопсэуж.

Гъ
Гъэгъагъэшхуэщ георгинэр,
Удз гъэгъауэ щхьэбэринэщ!
Зэмыфэгъуу, дыгъэ-щыгъэу,
Зэщ1огъагъэ бадзэуэгъуэм!

*Гъэгъагъэшхуэ- Георгина

ПСАЛЪЭЖЬ:
Гъавэщ1э къып1эщ1эмыхьэу, гъавэжьым уемылъэпауэ.
До нового урожая не брезгуй старым.
Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.
Гъэмахуэм 1эжьэ щ1ы,
щ1ымахуэм гу щ1ы.
Гъатхэ унэ гъуанэщ.

Гъу
Ныбгъуэр инкъым,
Ныбгъуэр ц1ык1ущ.
Ныбгъуэ абгъуэр гъуабжэ ц1ык1ущ.
Мэшым ныбгъуэхэр хэзыбзэщ,
Бадзэуэгъуэхэм жаныбзэщ.

*Ныбгъуэ- Перепёлка
Ныбгъуэр жьы хъумэ, адэжынэ мэхъуж.
(Ныбгъуэр жьы хьумэ, и лыр адэжынэм и лым хуэдэу пхъашэ, IэфIыншэ мэхъу, жыхуиIэщ.)

Гъу
Зэгъунэгъухэм гъубжэ жанк1э,
Гъуэжьудз губгъуэм къыщытпщ1ащ.
Гъуэжьудз тхьэмпэ гъуанэ защ1эу,
Хущхъуэ-губгъуэшей дгъэващ.
 
*Гъуэжьудз-Зверобой

ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Вагъуэ-лъагъуэщ гъуабжэгъуэщыр.
Гъуабжэгъуэщыр вагъуэ-лъагъуэщ.
Вагъуэ-лъагъуэщ гъуабжэгъуэщыр.
Гъуабжэгъуэщыр вагъуэ-лъагъуэщ. 

ПСАЛЪЭЖЬ:
Гъунэгъуф1 гъуэншэджым хуэдэщ,
Ныбжьэгъуф1ыр гъуэтыгъуейщ.
Гъущ1 куэбжэ зи1эр гъущ1 мастэ щощ1э.
Гъусэ бзаджэ пщ1ыгъуу мыщэм уемыбэн.

Д
Бжэндэхъу абгъуэ дадэ тхуещ1,
Дэкъудамэм къыхещ1ык1.
Дэри жи1эр т1эу дымыщ1-
Дэжыг жьауэм дкъыщ1эмык1.
Дэп жьэражьэу дыгъэр къепсу,
Бжэндэхъу абгъуэ дадэ тхуещ1!

Д
Дощ1э, и1эщ гъудэм дамэ.
Дэни гъудэр нос.
Дыгъужьыжьри йгъэхамэу,            
Дагъуэр лъегъэ1эс!

*Гъудэ- Овод.

Д
Дыгъэ, дыгъэ, къепс, къепс.
Ди хъуреягък1э къэгъэгъэнщ!
Дыгъэ, дыгъэ, къепс, къепс.
Ди жыг хадэр къэт1эп1ынщ!

ПСАЛЪЭЖЬ:
Дыщэр дыщэ зыщ1ыр пщ1энт1эпсщ.
Дахагъэм дагъуищэ егъэпщк1у.
Дахэм и щ1агъ дыщэ щ1элъщ.
Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.
Дахэ жы1э ф1ы мыщ1э.
Дыгъэнэпс нэхърэ анэ бгъафэ.

Дж
Джэджьей ц1ык1у джэд къуртым щ1эсщ,
Джэду шырыр джабэм тесщ.
Джэджьей ц1ык1ухэр шынэрейщ,
Джэду шырхэр джэгурейщ.

Дж
Фэризэт джэдгын гъуэзэджи, 
Джатэ хьэси зэделэжь.
Фэризэт джэдгын гъэгъуари,
Джатэ удзри зэдехьэж.
Хиудэнущ джэдгын лыбжьэм,
Ар хидзэнущ мэтэкхъуейм.
Хиудэнущ лы ц1ык1у лыбжьэм,
Ар джэшлыбжьэм имылей!

ПСАЛЪЭЖЬ:
Джэдгын зи жагъуэм и пащ1эгу къок1ык1.
Джэд нэхърэ джэдык1э нэхъ 1ущщ.
Джэдык1эм цы къыхех.
Джэгул1 куэд и уасэщ.

Дз
Дзыгъуэ, дзыгъуэ, дзыбэус,
ДзыгъуэгъалIэм уемыIус.
ДзапцIэр пхуэхъуми зы дзакъэгъуэ,   
ДзыгъуэтепкIэр зы дзыхь щIыгъуэщ.

ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Щхъуант1эщ удзыр,
Удз удзыфэщ,
Гъатхэр гъагъэм тафэр елэ!
Удз удзыфэу
Щхъуант1э удзым,
Удзыфабзэу джабэр елэ.

ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Дзасэ дзагуэм дзажэ ф1элъщ,
Дзажэналъэр дзак1эм телъщ.
Дзажэр дзасэ дзагуэм ф1элъщ,
Дзак1эм дзажэналъэр телъщ.

ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Дзадзу ц1ык1уу дзахъэ ц1ык1у,
Дзэпэф1анэу дзащхьэ ц1ык1у.
Дзахъэ ц1ык1уу дзэдзу ц1ык1у,
Дзэпэф1анэу дзащхьэ ц1ык1у.
 
*Дзащхьэ-Генерал

ПСАЛЪЭЖЬ:
Дзэгъащтэ дзэ псо и уасэщ.
Дзыбэ дзы усщ.
Дзы зибэ убэрейщ.

Е
Емызэш мэшыбэ ещ1э.   
Емызэш и 1уэху ещ1эж.
Зым имыщ1э Ерстэм ещ1э,
И есэпу хъуар къещ1ыж.

Ленэ дахи емызэшыжу,
И гур хэхъуэу есэп къещ1.
Емызэш мэшыбэ ещ1э.   
Емызэш насып ещ1ыж.

Е
Епэр удз Лела егъэк1ыр,
Епэр удзк1э ар къулейщ.
Елэн ц1ык1у Ержыбхэ я1эщ,
Елэн ц1ык1ур джэгурейщ.

*Епэр- Фиалка

ПСАЛЪЭЖЬ:
Е ул1ын, е ул1эн.
Ешхэ-ефэ нэхърэ джэгу.
Емыкъум еплъи, дэзышым еуэ.
Емык1ур ек1у мэхъури,ек1ур емык1у мэхъу.
Ем е пэщылъщ, ф1ым ф1ы пэщылъщ.
Е лъыхъуэр ем ехьыж.
 
Ё
Ёлка жыхуа1эр псей удзыфэщ,
Илъэсыщ1эм дыжьыныфэщ.
Ёлка ц1ык1ур гуф1эгуэшщ,
Сэугъэтхэр къытхуегуэш.

ПСАЛЪЭЖЬ:нет
 
Ж
Жэмбулэт ди ажэм дожэ,
Дожэ ажэм ди Жэмбот.
Ажэжь ц1ык1ум псори дожэ,
Ажэм хуожэ Жансурэт.
А жэрыжэм, жылэр къаплъэу,
Допк1ей ажэр жызумейм.
Же1э ажэм, - "Фыкъыздэжэ!'
Жызум жыгми фкъыдэжей!"

ПСАЛЪЭЖЬ:
Жылэ зезыхьэр жылэ и уасэщ.
Жэм лъакъуэ шк1э иук1къым.
Жыг закъуэ мэз хъуркъым.
Жыгыжь щыту жыгыщ1э къоуэ.

Жь
ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Дэп жьэражьэр,
Плъыжь-плъыжьыбзэу,
Маф1э плъыжьым,
Дэпу щожьэ.
Жьындуужьыр,
Кхъужьейжьым,
Щыпэщащэу,
Дзыгъуэ йожьэ.

Жь
Бжьэхэр жьыуэ мэгъуэлъыж,
Бжьэхэр жьыуэ къотэджыж.
Бжьэ 1уэхуншэу мыхьэулей,
Бжьэхэр жыжьэу долъэтей.

*Бжьэ- Пчела

ПСАЛЪЭЖЬ:
Жьым щытхъуи щ1эр къащтэ.
Жьым еубзи, щ1эр гъэгушхуэ.
Жьым тесу псым йопыдж.
Жьак1э хужьыр ф1ыц1э хъужкъым.
Жьуджалэ мэджалэри, хейм и лъыр хамэм ещ1эж.


Рецензии