3 Бзэлъэмыж бзэрабзэ
Хьэрхьуп щхьэ гуагуэр гъэщ1эгъуэнщ,
Хьэмблу хьэсэпэбжыхьым йощэ.
Хьэбжьын Хьэтызэ еухуэн,
Хьэрун хьэуазэ хьэмым ешэ.
*Хьэрхьуп- Удод
*Хьэбжьын- Лук полевой.
Хь
К1эрымылъмэ хуэмей ят1э.
Къыхуалъхуащи хьэршытIатIым!
Хьэрэм и шэр шатэу 1увщ,
Бжьакъуэ тетщ - упэмыув.
*Хьэрэ- Буйвол
ПСАЛЪЭЖЬ:
Хьэрэ пэт и къуажэ ибгынэкъым.
Хьэ хейр хьэ мысэм док1уэд.
Невинная собака гибнет(вместо)с виноватой.
Хьэлэр хьэлэк1э 1уауд.
Клин клином вышибают.
Хьэфэм фо из хъумэ зэгуоуд.
(ныбэизыгъэк1э щык1а ц1ыхум хужа1э)
Хьэщ1ап1эрынэр емык1ущ.
Хьэщ1эр хьэзыр щхьэк1э, бысымыр хьэзыркъым.
Хьэщ1эр шхэмэ, бжэм йоплъ.
Хьилэр акъылым щыщщ.
Хьэм къупщхьэк1э уеуэк1э гъыкъым.
Хъ
Хъарбызышхуэ къэдгъэк1ащ,
Хъани хъэуан къытхуихьащ.
Сыхъэр къыдех убзытахэм,
Хъарбыз 1эф1хэм дыхэтхъык1ахэщ!
ПСАЛЪЭЖЬ:
Зыри умыщ1эххэ нэхърэ-1уэху ц1ык1у.
Зыщ1 нэхърэ еплъ нэхъ 1эзэщ.
Зы акъыл нэхърэ акъылищэ.
Зи 1уэ былым из нэхърэ, зи щхьэ акъыл ит.
Хъу
Гъатхэм удзхэр щхъуант1э хъуащ,
1эхъуэ жэмхэри дахуащ.
Хэтщ 1эхъушэм 1эщхэр хъуак1уэу,
1эхъуэр япэрытщ жьант1а1уэу.
ПСАЛЪЭЖЬ:
Хъумп1эц1эджрэ пэт бгыр къет1эщ1.
"Хъуащ" жа1а нэужьи зэ егупщысыж.
Хъуэхъук1э узэхыхьэу, хъуэнк1э узэхэмык1ыж.
Щ1эгъуэм хъуапси, шхэгъуэм ухъуэпсэжынкъым.
Ц
Цацэ цыр иджыну к1уащ,
Цык1уэк1 хъурейр абы здихьащ.
Яджмэ цыхэр зэ1ихынущ,
Цы 1удани къыхишынущ.
Ц
Ди фащэ дахэу Адыгэ Цей!
Щабэу тоувэ уи лъэхъстэн лъейр.
Дунейм уэр хуэдэ щыгъуэтыгъуейщ-
Щыгъыну щы1эм уэ уралейщ!
ПСАЛЪЭЖЬ:
Цы 1уданэм вы егъэлъэпэрапэ.
Мэлым иц и уасэщ.
Мэлым и цыр мэкъумылэм хэлъщ.
Ц1
ЦIыхубэм цIэрыIуэ
ЦIыхуфIхэр ялъыт!
ЦIыхугу умыгъапцIэ-
ЦIыхуфI зегъэлъыт!
Ц1
Зи псэ къабзэу бзу ц1ыжьдадэ,
Уафэм джэгуу къелъэтыхь.
Пц1ащхъуэ ц1ык1ум зыхуигъадэу,
Гуф1энэк1уу насып къехь.
*Ц1ыжьдадэ- Синица
*Пц1ащхъуэ- Ласточка
ПСАЛЪЭЖЬ:
Пц1ыр зэбгъэпц1ми зэрыпц1ыр къыщ1ощыж.
Ц1ыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ.
Ц1ыху зып1 ц1ыху уасэ хуон.
Ц1ыху- ц1ыху щ1ыжщ.
Ц1ыхуф1 гъэпц1эгъуаф1эщ.
Ц1ык1у щхьэк1э лъабжьэщ.
Ц1ыхугъэ зи1эм жагъуэгъуи и1эщ.
Ц1ыхум и ныбэр и бийщ.
Ц1ыхуфэр 1увщ.
Ч
Къытхуэхъуащ чыц1 бацэ ц1ык1у,
К1э бэринэу нэ хъурей ц1ык1у!
Зым емыщхъу щхьэ топ шыр,
Чыц1 лъэбыцэу 1уцэ шыр!
*Чыц1- Козлёнок
Ч
Чейщхьэ Iуащхьэкъым,
Дзыгъуищэм трач.
Чэнджащэ щыуэркъым,
Iэч-лъэчым пащI.
*Iэч-лъэч- Ц1ыху лъэщ
Ч
ЧЫН КЪАФЭ - Игра проводится на льду или плотном снегу
Чын джэрэзу чын пхъэ ц1ык1у!
Джэгурейуэ пхъэ жан ц1ык1у.
К1энут1 ц1ык1ухэм укъагъафэу,
Зэш умыщ1эу уощ1 джэгу ц1ык1у.
К1э зимы1э чын джэгуп1эу,
Шылэхъару, уощ1 уэстепхъэр.
Гъуджэ гъуэгухэр уи къэфап1эу,
Сытхъу уэс упщ1эр уогъэгуф1э.
К1элъоплъ уи чын джэгум уафэр,
Зэтощэщ уи чын ц1ык1у къафэр.
Нану шырхэм ура-гупсэу,
Къыбофыхьыр к1энут1 к1апсэр.
Тхыпхъэ хъархэр хухыбошри,
Укъыдофэ щ1ылъэм - уафэм,
Гуф1энэк1уу йоплъыр тафэр,
К1э зимы1э уи чын къафэм.
Чын джэрэзу чын пхъэ ц1ык1у!
Джэгурейуэ пхъэ жан ц1ык1у.
К1энут1 ц1ык1ухэм укъагъафэу,
Зэш зымыщ1эу къафэ ц1ык1у!
ПСАЛЪЭЖЬ:
Чэзу зимы1э щы1экъым.
Чы щ1ык1э къомыгъэшыр
бжэгъу хъумэ пхуэгъэшыжыркъым.
Чэнджащэ щыуэркъым.
Ш
Псы шэдым ухешэ,
Игъусэм шыр шыдым.
Шыд хьэлыр зыхешэ,
Шыр хуэдэ мэхъу шыдым.
Ш
Шынэшынэр-ар Ромашкэщ.
Шейт1анджэшыр-Мэдзу джэшщ.
Шейудз жыхуа1эри Душицэщ.
Шэгъэф1э1ур–Щавель ф1э1ущ.
Шыбжий хэк1хэр шхын къэк1ыгъэщ.
Шык1урт1ым мэз щ1агъым щ1эзщ.
Шэпсыранэр лъабжьэжь быдэщ.
Шэдыгъуейм шэдыгъуэ пызщ.
*Шэдыгъуэ-Вишня
*Шейудз-Душица
*Шейт1анджэш-Мэдзу и джэш-Вьюнок полевой
*Шык1урт1ым-Шишки.
ПСАЛЪЭЖЬ:
Шхын 1ей щы1экъым, ныбэ 1ей мыхъумэ.
Шыгъу зышхар псы йофэж.
Шынэ здэщымы1эм ук1ыти щы1экъым.
Шыгъуп1астэм уемылъэпауэ.
Шым епсыхыу шыдым шэскъым.
Шэм исыр шхум йопщэ.
Шы зи1эр къанэри, уанэ зи1эр к1уащ.
Шэс псори шукъым.
Щ1ы пшэр и хьэдзи пшэрщ.
Щ
1ущыр щэрэ мэчэнджащэ,
1ущыр блэрэ щэк1ым йощэ.
Зи щхьэ щытхъухэм ящымыщ,
И гупсысэхэри ф1ыщ.
ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Щихухэр псынщ1эу, лъагэу мэк1.
Щхъырыбейхэм щихухэр ф1ок1!
Лъагэу, псынщ1эу щихухэр мэк1.
Щхъырыбейхэм щихухэр ф1ок1!
*Щиху- Тополь
*Щхъырыбей-Крыжовник
ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭ:
Щыгъынк1эрынэ, щыгъынк1эрынэ,
Щхъуэжьей ц1ык1у ук1эрымынэ.
Щыгъынк1эрынэ, щыгъынк1эрынэ,
Щхъуэжьей ц1ык1у ук1эрымынэ.
*Щхъуэжьей- Незабудка
*Щыгъынк1эрынэ- Щетинник зелёный
ПСАЛЪЭЖЬ:
Щхьэхынэр насыпыншэщ.
Щхьэ зи1эм пщ1э и1эщи, щхьэншэ пщ1эншэщ.
Щхьэж хуэфащэ и щыдэжынщ.
Щхьэм имылъмэ, лъэм и мыгъуащ.
Щэм яубыр щэм и уасэщ. жэгъуэгъубэщ л1ыгъэ зи1эр
Гъуабжэ псори мыщэкъым, лыд псори дыщэкъым.
Щ1
Щ1ыху! Щ1ыхубзэ,
Щ1ыху дахащэ!
Зэфэзэщу уафэм щолэ!
Щ1ыху дахащэу,
Щ1ыху! Щ1ыхубзэ!
Хуохъу уанэгу лэгъупыкъум-щоблэ.
Щ1
Щ1ыбжьыныхур, щ1агърык1уэр,
Щ1эщыр - мыхэр удз шхыныгъуэщ.
Щ1ыгумэрак1уэу щ1ымэрак1уэр,
Мэщ1эращ1э теплъэ гуак1уэу.
*Щ1ыбжьыныху- Лук скальный
*Щ1эрык1уэ, щ1агърык1уэ- Топинамбур
*Щ1эщ- Рябина
*Щ1ыгумэрак1уэ, щ1ымэрак1уэ- Земляника
=ПСАЛЪЭЖЬХЭР УСЭБЗЭК1Э
=Щ1ы нэхъ бей щы1экъым,
=Щ1эныгъэ лей хъуркъым.
=Щ1ым епщ1эр и пщ1эщ,
=Щ1ак1уэр губгъуэ унэщ.
ПСАЛЪЭЖЬ:
Щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ зэкъуэшщ.
Щ1ым ептыр къыуетыж.
Щ1эгъэкъуэн зимы1эм пкъом зыщ1егъакъуэ.
Щ1эблэ зыщ1эмыхъуэ лъэпкъ хъуркъым.
Щ1эр жьы мэхъури жьыр щ1э хъужыркъым.
Щыщ1э нэхърэ мащ1эшх.
Щ1ык1ей к1уэдык1ейщ.
Ц1ыхур згъэщ1эращ1эр и гуащ1эщ.
Ы
Ыш! Гуэгушхэр сохур бжьэпэм,
Ыррр! Хьэвшырри сэ здызохь.
Ыхьы! Дынэсащ ди хъуп1эм,
Ыхь! Иджы зызогъэпсэху!
Э
Нарт эпосыр жыжьэ къыщожьэ-
Ди лъэпкъым и тхыдэр и ныбжьщ.
Нарт эпосыр л1ыгъэм и гъуджэщ,
Нарт хабзэ - пшыналъэ лъэужьщ.
ПСАЛЪЭЖЬ:
Нарт и псалъэ епц1ыжыркъым.
Ю
Юристыр толэжьыхь зэхуагъэм,
Абы имыдэ щ1эпхъэджагъэ.
Юристу сэ седжэну сыхуейщ,
Ди Юли юрист хъуну ху*ейщ.
Я
Ят1агъуэ унэ! Ят1агъуэ лъэгу!
Я нэхъ дэхащэу Адыгэ жьэгу!
Анэшхуэ жьабзэ! Адэшхуэ хьэку!
Хабзэ щэныф1э - Адыгэ Хэку!
Я
Я нэхъ щ1асэу я нэхъыщ1эр,
Ягъэф1ащи зэхефыщ1э.
Ябгэ шыру зы темык1уэ,
Яслъэм Ялей яхуэмык1уэ.
ПСАЛЪЭЖЬ:
Яжьэжь щ1аха къыщ1ахьэжк1э хуабэ хъукъым.
Япэ джэлам ущ1эмынак1э.
Яхуэмыущий ущийк1э 1эзэщ.
Я псэ зы чысэм илъщ.
Я нэхъыщ1эр я нэхъ щ1асэщ.
1э
1эдэ-уадэм 1эзэу,
1эдэм иро1эзэ.
1энэ лъакъуищ ц1ык1ум,
Гъущ1унэ хекъузэ.
Щ1алэ 1эпэ дыщэщ,
1эщ1агъэл1 ирокъу!
1эдэм и 1эбэк1эр,
1эджэм ягу ирохь!
1э
Мэкъу 1эмбатэ иныр,
1этэ щумыгъащ1э!
Ищхьэр умыбгъэжмэ,
Фынущ - Ар зэгъащ1э!
ПСАЛЪЭЖЬ:
1эм илъ нэхърэ, 1ум илъ.
1этэр 1эмбатэ щхьэк1э мэфыж.
1эщми 1э щабэк1э уе1эбмэ ф1эф1щ.
1эщ1агъэ зи1эм и 1эпэ дыщэ къыпощэщ.
1у
1уэху бжэ1упэм зэдыдощ1э,
1унат ц1ык1у и макъыр къо1у.
Ди бжэщхьэ1ум тетщ-1урыщ1эу,
Усэ жи1эр ину мэ1у.
1у
Бжэщхьэ1ум телъщ 1унк1ыбзэ1ухыр,
1унк1ыбзэм ф1элъщ 1уданэ плъыжь.
1уэхуншэ хъун 1унк1ыбзэ1ухыр?!
1унк1ыбзэкъэбыр 1уех-ху*ещ1ыж!
ПСАЛЪЭЖЬ:
1уэху мыублэ блэ хэсщ.
1уэху ц1ык1ури 1уэхущ, 1уэху инри 1уэхущ.
1уэры1уатэ нэхърэ нэрылъугъу.
1уэхуншэ псалъэрейщ.
1ущым и щыуагъэ ещ1эж.
1уэху убла зимы1эм 1уэху щ1аи и1экъым.
Свидетельство о публикации №124072101224