Адэшхуэ, ди адэ!

Адэшхуэ лъап1эу ди гъащ1э дамэ,
Ди гъащ1э набдзэ, ди нэхущ пшэплъ.
Удимыгъусэу махуэ дэк1амэ,
Дыныпхуозэшыр-удигухэлъщ.

Адыгэ къуршхэм я гущэ къуапэу,
У къэрэгъулу тхуощыр нэхулъэф1.
Лъэпкъыгур ди бгъэм щыбгъэбзэрабзэу,
Уи псэм щыбгъаблэу, уохъу нэхъыжьыф1!

Аращи пэжыр: дуней дахагъэу,               
Адэшхуэ 1эщэр къуэм и хьэл-щэнщ.               
Бащлъыкъыр дамэу, адэ 1эщ1агъэм,
Къуэр игъэбжьыф1эу уагъэ хуэхъунщ.

Жьауэ нурыбэу - нэхубэу ди адэ,
Насып уанэгум дызыгъэшэс!
Ди нэхъыжь лъап1эу, ди лъэпкъ жыг уардэ!
Дыгъэ мэкъамэу уэ укъытхуопс!

Удимыгъусэу махуэ дэк1амэ,
Дыныпхуезэшу удигухэлъщ.
Адэшхуэ лъап1эу ди гъащ1э дамэ,
Ди гъащ1э набдзэ, ди нэхущ пшэплъ!

15.06.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии