Дадэ жи1эр т1эу дымыщ1...
Нанэ и1э 1уэху нэмыщ1?!-
Хьэл щэныф1эхэр я щ1асэу,
1эдэб ди1эу дыхуагъасэ.
Дадэ зэи демыдауэ -
Дыжы1эщ1эщ, дымызауэ!
Абы щхьэк1э дэ дигъаф1эу,
Нанэ 1эф1у къытхуопщаф1э.
Хьэ-хьейм, тф1эф1щ лы гъур! Зигъаф1эу,
Зэщ1агъаплъэ щ1ыб хьэку маф1эр.
Дади Нани, псоми ящ1э,
Ф1ыуэ тлъагъухэр тхуагъэзащ1э!
Нанэ лэкъум пщтыр къыхедз,
Же1э: «Шхыныр зэхэвмыдз!
Бзаджэщ, фымыгъэгубжь ди Дадэ,
Ар къытехьэм – Адыдыд!.."
Ахэм жа1эр т1эу дымыщ1,
Япэ зэи зидмыгъэщ!
Гуапэ ц1ык1уу дахущытщ,
Ягухэр зэи хэдмыгъэщ1!
31.05.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Дыгъуэтынукъым нэмыщ1!
Свидетельство о публикации №124053104079