Бацэ шыру джэду ц1ык1у
Фщ1эрэ, ар инышхуэ хъунущ!
Дзыгъуэхэр зэбгырихунущ,
Къиубыдыфхэм ядзэкъэнущ!
Цыбэ ц1ык1уу, топу нит1ыр,
И тхьэк1уми къыхэмыщу.
Бацэ шыру, ц1ык1унит1эу,
Жеймэ щхьэнтэм къыкъуэмыщу.
Ныбжьэгъу пэж ар къысхуэхъунущ,
Джэду шыр сэ къысхуахьынущ!..
30.05.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Свидетельство о публикации №124053004493
