Къэрэшей-Шэрджэсым мамыр уафэ!
Ди зэхуэдэу Тхьэшхуэм дыкъигъэщ1ащ.
Зэщ1иубыдэу, къытемынэу щ1ыхуэ,
Лъэпкъхэм Тхьэм и нэф1и ящихуащ.
Ат1э, хэт хуэпабгъэр, зэгурымы1уэу,
Щ1элэгъуалэр хъумэ щ1эгъэстэн?!
Фыщымэхъашэ къуэшук1 зауэм! Гу1эу,
Къремыхъу зы нэпси щ1эзыгъэк1ын...
Мащ1э гу1эжауэ анэ нэпсу,
Щ1иутхык1ыр зауэ къэлыбам?! (СВО)
Къахуэгъуну, сабий йбэ нэпск1э,
Загъэпск1ыну, мурад щэху зыщ1ам?!.
Зы анэ ныбэ къик1къым зэкъуэш псори!
Унагъуэшхуэ хуэдэу дыщывгъэт!
Зы анэ-адэ ейкъым зэшыпхъу псори!
Дызэкъуэту 1ейм дыпэщ1эвгъэт!
Къремыхъу зэй зауэ! Къевмыгъажьэ!
Адыгэшыр зауэ хуэмейж!
Гъэшхэща-щык1ахэр мэлъэпхъащэ!
Анэ-адэм быныр иреп1ыж!
Пц1ыупс фаджэм къагъэнащ лъэужьи,
Ху*ейхэщ къруухэм ядзмэ гъыбзэ макъ...
Къэрэшеи, абази, адыгэжьи,
Дыху*ейкъым жыжьэрыуэу зы топ макъ...
Лэгъупыкъу дахащэу зэщ1эблэну,
Уафэ гъуагъуэ иныр девгъэлъэ1у!
Зэкъуэш лъэпкъ лэгъупыр мыужьыхыну,
Фызэкъуэувэ! Щык1ам фемыдэ1у!
Мамыр уафэр, щ1ылъэр Аллыхьышхуэм,
Ди зэхуэдэу лъэпкъхэр дыкъигъэщ1ащ.
Къэрэшеи, Адыги мы ди Щ1ышхуэм,
Дытехуэнщ! Тхьэм нэф1и къытщихуащ!
18.05.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №124051803644