Выхожу один я на дорогу... Перевод М. Лермонтова

Перевод М. Ю. Лермонтова на черкесском- адыгэбзэк1э

Сы-щхьэ закъуэу сытоувэ гъуэгум;
Пшагъуэм мывэ лъагъуэр хоц1уукI;
Жэщыр щэхущ. Йолъэ1ур къумыр уэгум,
Зэуэршэру вагъуэхэр сщхьэщокI.

Уафэ къащхъуэр и тепIэн-щ1элъыну
Тафэ дахэр хожеикI щ1ы хъурейм…
АтIэ, къыстехьэлъэр сыт, гугъумыгъуу,
Бамп1э узу сызыгъэп1ейтейр?

Хьэуэ, сщыгугъыжкъым сэ мы гъащIэм,
Къэзгъэщ1ами - зык1и сщIемыгъуэж;
Слъохъуэ ху*итыныгъэ- зыщызгъэнщIмэ,
Хъунут сыщхьэукъуэу, с1урихыж.

Ауэ, кхъэ щ1ы1эжьыркъым си плъапIэр…
Хьэуэ, сэ псэхэхым сыхуэмей,
Бгъэгур гъащIэ лъэщым и бэуапIэу,
Си гукъуэпсхэр тыншмэ аркъуэдейщ.

Жэщ к1ыхьагъми, махуэми, уэгу-тафэм,
Насып бзум сигъаф1эу, сыщилъагъу.
Щхъуант1эу, жыгейшхуэ схуэуфафэр,
Си щхьэщыгуу. СщIэлъу сэ ищIагъ.

11.03.2024г
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии