Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ!

Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ,
Шэ тхъурымбэр зи нэк1у.
Къэлмыкъ бжьэхуцыр зи 1эпэ,
1эзэгъуэу щы1эр зи 1эгу!

Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ,
Адыгэ пщащэу нэ хъурей.
Уи набдзэк1ит1ыр пц1ащхъуэк1эу,
Тхьэм къигъэщ1ащ уи дунейр.

Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ,
Зи бгыр псыгъуабзэу зэхэк1.
Тхьэрыкъуэ пщэхуу псэ махэ,
Къыу хужьу къафэ, къэудж.

Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ,
Зи гупщысэк1э акъыл!
Тхьэшхуэм лъэнк1ап1э дахэу-
Лъхуэн-п1эныр уэ пхуещ1ыр пщэрылъ!

Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ,
Зи гур хуэбабзэу, фо тк1уэпс.
Унагъуэ гуащэ - дахащэ,
Сабийр зи бгъафэу дыгъэпс.

Бзылъхугъэр лэгъуп зыхэплъэр,
И 1эгу и 1энэу, бэгъуэнщ.
А пщащэ угъурлы теплъэм,
Быныф1э гущэр хуэхъунщ.
 
Зи 1эпэ щабэу бзэрабзэ,
Унэ жьэгу абгъуэр зи нур!
АДЫГЭ ДЫП1Э-м щы1эзэу,
Зи бзыпхъи, зи фащи хьэзыр!

Бзылъхугъэу дуней гъэдахэ!
Хъуэхъуф1хэр зыхуэупсэн!
Гъатхэ жыг хадэу щ1эращ1э!
Уогъаблэ нэхъыф1у хьэл - щэн!

08.03.2024гъ

АДЫГЭ ДЫП1Э - очень известная фраза на Востоке, в Турции. Адыгэ бзылъхугъэм идар апхуэдизымк1э быдэти, щэк1ыр лажьэрт,жи,езы дып1эр мыхъейуэрэ.


Рецензии