Адыгэ пхъу нэс! Даур Юля и 85-м ехъул1эу

Пщ1э зыхуэтщ1у Юля лъап1э,
Ебгъэджахэм сащыщ зыщ.
Уи ц1ыхугъэр догъэлъап1э,
Лъэпкъ уэздыгъэр нобик1 п1ыгъщ!

Дэнэ щ1ып1и ди Хэку щ1ыхьыр,
Бгъэлъап1эным ущ1экъуащ.
Пщэдей махуэм, гъэсэныгъэм,
Гук1и-псэк1и уелэжьащ.

Куэд пхуэтщ1эну дэ тлъэмык1ми,
Утщ1ымыгъуу дымышэс.
Мазэ щ1ыбым гъуэгу дытетми,
Удигъусэм, уохъу гунэс!

Уи пщэрылъхэр бгъэзащ1эфу,
Куэдхэр щ1эблэм хуэпщ1эфащ.
Пщащэ жырым, зепхьа л1ыгъэм,
Хэкури, ц1ыхури ныщытхъуащ.

Уемызэшыжу, лъэпкъым уи гур,
Пхузэф1ок1 щ1эбгъэкъуэфын!
Ар плъэк1атэм, Юлэ - Хэкум,
Уэ уигу къабзэр ептыфынт!

Р.S.
Щ1ым телъэтык1ыу, уи ц1эр мэлъатэ,
Тафэ шыхулъагъуэм уи лъэри нос.
Адыгэ пщащэу, лъэпкъым хуэфащэ,
Даурхэ Юля - уохъур гунэс!


05.03.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии