Анэгур и къуэм нобэ иропагэ!

 
Зы псалъэ гуапэр дамэшхуит1 хуэхъуащ,
А псалъэ закъуэм и псэр къыдогъагъэ.
Сыту гуапэ бзэр?! Анэгур къихьэхуащ,
Абы иф1ыщ1эщ- анэр зэщ1огъагъэ!

Ар ху*ейкъым ф1ыщ1э жыги хухэпсэн.
Ху*ейхэкъым-къомых уафэгум вагъуэ.
Умышэ хьэри псафэ! Л1ы хьэл-щэн!
Уи псалъэ гуапэр анэм игу щогъагъэ.

Жып1ар уэ бзу шыр ц1ык1уу къибгъэпк1ащ.
Хэт апхуэдизу зыгъэф1ар анэгур?
Ар уи бзэм псалъэ гуапэ къыпык1арщ!
Аращ хуэхъуар лъэнк1ап1э анэм и гум!

Удз гъуам нэгъуэщ1хэм анэр щыпащ1ам,
Анэгум удз гъэгъауэ упыкъок1ыр.
Уешами, йомыгъащ1эу щыжып1ам,
Анэгум уи гугъуехьхэр зэхещ1ык1ыр.

И лъэгум, анэм, жэнэт пщ1ащэ щ1эзщ.
Уи псалъэ гуапэхэр бзу шырхэщи, пхуэубагъуэ!
Уи нэгур къигуф1ык1ыу, гъащ1эр щыз,
Тхьэм пхуищ1!
Анэгур и къуэм нобэ иропагэ!

19.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии