У лукоморья дуб зелёный... Перевод А. С. Пушкин

...на черкесский- адыгэбзэк1э

Хы 1уфэм 1утщ жыгей щхъуант1эшхуэ;
Ф1эдзащ абы дыщэ лэрыпс:
Къеущыхь лэрыпсым, еджагъэшхуэу
Джэду, 1эзэгъуэр зи дыгъэпс;

И махуи - жэщи изэхуэдэу,
Къыхедзэ, ижьк1э к1уэм - уэрэдыр.
Сэмэгук1э к1уэм – хъыбархэр педзэ,
Джэду еджам таурыхъ  къытхедзэ;

Тесщ, зыкъришу, псыхъуэ пщащэр,
Жыг къудамэшхуэм зигъэгуащэу;
Гъуэгу зэхэмыбзхэр зи зек1уап1эу,
Псэущхьэ зэщымыщ лъэкъуамп1эщ;

Унэжь фейцейр джэд лъакъуэм тету -
Щхьэгъубжи-бжэи зы хэмыту;
Уафэгури, тафэри телъыджэу;
Уолъагъур алмэсты щ1эпхъаджэу;

Мэз псыхъуэм куэдым урехьэл1э:
Таурыхъ гъуэгуанэхэр къок1уал1э.
Халъагъуэ, щеплък1э, пшэм, мэзыжьым -
Пелуаныр ипхъуэтащ удыжьым;

Тенджыз толъкъунхэр бгым щеуал1эм,
Нэху щыгъуэм, зауэл1 щэщ1 къуок1уал1э.
Тенджыз гъэсак1уэр унафэщ1у -
Зэкъуэш-зэкъуэтхэр уардэу - щэщ1у;

Мыбдеж, хъаныкъуэм инщ и щ1ыхьыр,
К1уэрык1уэу ещ1ыр гъэр пащтыхьыр;
Щ1ы щ1агъым нэжьгъущ1ыдзэр щ1эсщ,
И жьэныр къик1ми, дыщэм гуэсщ;

Гухъу матэм исщи Уд Фызыжьыр,
Езыр-езыру зэхэзок1уэ;
Пщым и пхъум, щхъуэжьу мэз дыгъужьыр,
Хуэпщыл1у, хьэпсэм гъащ1эр ф1ок1уэ;

Мыр сыт телъыджъэ, сыт гъуэзэджэ?!
Дэхащэщ лъахэр, гъунапкъэншэщ!
Гъуэгу нэпц1хэр хуэдэщ хы къуэладжэм,
Псысэ гъэнщ1ами, чэнджэщыншэщ-

Щызэхыбощ1эр урысыгур...
Гъэнщ1ащ, пкъырытщ арысейпсэр!
Жыгей таурыхъыр си нэ-си псэу;
Фоупс сефащ сыхэту псысэм;

Джэду еджам и хъыбарыф1хэм,
Си щ1асэу куэдрэ седэ1уащ!..

Сф1э1эф1у, т1эк1уи сепщ1ыхьащ!..

17.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии