Джэд къуртыжьым и къаз шырхэр

Джэд къуртыжьыр къэгубжьауэ,
Къаз шыр цIыкIухэм тохъущIыхь.
Псы джэд 1ейхэр 1эщ1эк1ауэ,
Псы архъуанэм къыросых.

«Псыр фыутхыу фыщыкIащи,
Гъуэжь къэрабэу фымыгъущ.
Щ1ы1э фесыр, псыф фыхъуащи,
Фыкъысщ1эпщхьи, зывгъэгъущ!»

15.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии