ЖЭЩ
Щыму щIылъэм къыщекIухь.
Нэху щыхунк1э, щэбэрыкIуэу,
Тафэм жейхэр щырекъухь.
ЩIакIуэ щабэу пщIыхьым хохьэ,
ЦIыхухэр IэфIу егъэжей.
Къежейхыр хьэршым хехьэ,
Хохъу дзадзухэм дзыгъуэ жей.
Зэщ1эпщ1ыпщ1эу мазэ ц1ык1ур,
Щхьэнтэ ц1ык1уу уэгум итщ.
Жэщыр щыму зэхызок1уэ,
Нэху щыхунк1э тафэм ху*итщ.
Мэз щхьэукъуэм хэщэтыкIыу
Жыгхэр чэфу къожейх.
Жейр щ1иупск1эу щ1ак1уэ к1ыхьым,
Щыму щ1ылъэм къыщек1ухь.
14.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Свидетельство о публикации №124021402686
