ДИ ЖЭМ Ц1ЫК1У

Ди жэм ц1ык1ур
Къэк1уэжащ,
Хъуак1уэ губгъуэм
Къик1ыжащ.
Дади сэри
Дыпежьащ.
Шк1ауэ башри
Здетхьэжьащ.

Нанэ и пэгуныр
Къещтэ,
Си фалъэшхуэр
Сэ къызощтэ.
К1эрысщ гухъум
Джэду Бацэ.
Йобэн гуахъуэм
Хьэвшыр Мыцэ.

Мэжэщ1ал1эу
КъэтIысащ,
П1ап1у ху*ейуэ
Къесыл1ащ.
Шэ п1ап1ур къыдош
Хуэбабзэу,
Шащхьэр шатэм
Ещхьыркъабзэу.

Софэ фалъэк1э
П1ап1ум,
Сахуоупсэ хьэм,
Джэдум.
Яхузок1э
Измык1уту,
Йофэ шащхьэм
Замыутэу.

Ди жэм ц1ык1ур
Къэсыжащ.
Шэ п1ап1ук1э
Дытхъэжащ!

12.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

ШЭ П1АП1У!

Ди жэм цIыкIур
КъэкIуэжащ,
ХъуакIуэ губгъуэм
КъикIыжащ.
Нанэ и пэгуныр
Къехь,
Си фалъэшхуэр
Сэ къызохь.

Шэ пIапIур къыдош
Хуэбабзэу,
Шащхьэр шатэм
Ещхьыркъабзэу.
Софэ фалъэкIэ
ПIапIум,
Сахуоупсэ хьэм,
Джэдум.

ЯхузокIэ
ИзмыкIуту,
Йофэ шащхьэм
Замыутэу.
Ди жэм цIыкIур
Къэсыжащ.
Шэ пIапIукIэ
Дытхъэжащ!


Рецензии