Дохутыр ц1ык1у

Си анэшхуэм и щхьэр
Къыхэузык1ащ.
Щэ1уу, а тхьэмыщкIэр,
Узым пищ1ык1ащ.

И пщтырагъ къэспщыну
Сыбгъэдэт1ысхьащ.
И щхьэм сыхуепщэну
Зызгъэхьэзыращ.

1э дызолъэ нанэ -
Сопщэ, согъэхъуж.
Тебэна шейт1анхэр
Зэбгырызохуж.

Схъуащ сэ дохутыр 1эзэ,
Нанэ мэгуф1эж.
Се1эзащ хъэрзынэу-
П1экум къот1ысхьэж.

Гуащэ нэ топ цIыкIури,
Гущэм хэспхэжащ.
Нанэ схущ1иупск1эу,
Ари жеижащ.

Мис, апхуэдэу нанэ,
Нобик1 сгъэхъужащ.
Егъэщ1агъуэ мамэ-
Ари сгъэгуфIащ.

Хуабжьу се1эзэну,
Дади къысщогугъ.
Хэти сгъэхъужынущ,
Фымыбэлэрыгъ!

12.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии