Нанипл1

Фщ1эрэ, нанипл1 си1эщ?!
Псом нэхърэ сы-нэхъ бейщ!
Япэ Нанэр Земэщ,
Емынэ - унейщ!

Си ет1уанэ Нанэр,
Ар Нанэ Мадинэщ!
Усэхэр схуиусэу,
Хедык1 щыгъэ кусэу.

Си Нанэ ещанэр,
Ар Радимэ Нанэщ!
1эзэ-пшынауэшхуэу,
Дыкъыдофэ уэшхым.

Си Нанэ епл1анэр,
Ар си Нанэ Фозэщ!
Къысхуимыщ1 гукъанэ,
Сыхуогъагъэ розэу.

Сэ зы нанэм 1эф1у,
Нобэ сигъэшхащ.
Андрей нанэр, сф1эф1у,
Пшынэ къысхуеуащ.

Нанэшкэ Мадинэ,
Усэ къысхуеджащ.
Щхьэбэринэ схъужу,
Ар зэзгъэц1ыхуащ.

Гуф1эхэу къыспожьэ,
Пл1ыми ба къысхуащ1.
Уэс къесамэ 1эжьэм,
Сису скъырашэк1.

Нанипл1 си1эщ, фщ1эрэ?!
Зызогъэщ1эгъуэж!
Ф1ыщэу сыкъалъагъур,
Пл1ыри солъагъуж!

Тхьэм фигъэузыншэ!
Тхьэм фысхуигъэпсэу!
Щы1экъым фэр хуэдэ,
Нанэ дуней псом!


05.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии