Лъэтеувэ - Лъабэдий

Нанум ещ1ыр лъабэдий,
И 1э ц1ык1ухэр къытхуеший.
Шырыкъу ц1ык1ук1э тоуэ - плъыжьщ,
Хъунущ махуэр нэгузыужь.

Дыгъэм дещ1ыр лъабэдий,
Гъатхэ уэшхыр хъуащ бжьэмий.
Къаший бзийхэр удз1эрамэу,
Хуэдэу псыхъуэудз пэрымэм.

Дзадзум ещ1ыр лъабэдий,
Гуф1энэк1уу 1эф1 сабийщ.
Дади Нани къэсащ псынщ1эу,
Дзадзу ц1ык1ум едэхащ1эу.

"Зек1уэ, зек1уэ, сабий нэху,
Лъакъуипл1ыжкъым - ар т1у мэхъу.
Лъабэдийуэ - лъабэдий,
Щхьэмыгъазэу зыукъуэдий!"

Лъэтеувэр псы къуэк1ийм,
Дахэу щещ1ыр дыгъэбзийм.
Зэпичащи гущэпс быдэр,
Х*у*ауп1эп1ащ хьэлу 1эф1 дыдэу.

Бабыщ шыру ди сабийм,
Х*у*ещ1ыр Нанэ лъабэдий.
Лъабэ, лъабэ, лъабэдий!
Уи гъуэгу махуэ пхухъу, сабий!
 
31.01.2024гъ.
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии