Псэущхьэхэмрэ бзухэмрэ

ЖЬЫНДУ

Тесщ жыгыщхьэм, зигъэпагэу,
Мэз жьындур, къоплъыхри лъагэу.
Мазэр къыкъуэк1ыху ар поплъэ,
Дзыгъуэ зежэхэм къахоплъэ.

БЭДЖ

И бэджыхъхэр зэблидзауэ,
Бэджыр йощэ, хъы идзауэ.
Бзаджэ щэхум, зигъэплъызэу,
Къы1эрыхьэр зэщ1екъузэ.

ДЗЫГЪУЭ

Ц1ык1унит1эу зы лъэмык1ми,
Т1эк1унит1и дамыгъэк1ыу,
Яшхыжыф дзыгъуищэм 1ыхьэр,
Кхъуей чейщхьэр къа1эрыхьэм.

(дзыгъуищэм чейщхьэр трач-псалъэжь)

ТХЬЭК1УМЭК1ЫХЬ

И фэ ц1ык1ур - фэ щэбащэщ,
Хадэ ц1ык1ум щопэщащэ.
Пхъым едзэгъуу дзапэ к1ыхьщ,
Шынэуз тхьэк1умэк1ыхьщ!

ШК1Э Ц1ЫК1У

Къытхуэхъуащ шкIэ быцэ цIыкIу,
ФщIэрэ, ар лъэбышэ цIыкIущ!
Щхьэц бэринэу  набдзэ кIыхь,
ШкIэ лъэбыцэу Iуцэ  цIыкIу.


УЭРЭДБЗУ - соловей

Уэрэдбзухэр къэушауэ,
Я бзэ 1эф1ыр къытхураш.
Ди унащхьэм тет1ысхьауэ,
Дыгъэ бзийхэр къытхуагуэш.

БАБЫЩ ШЫР Ц1ЫК1УХЭР

Ди хадэ ц1ык1ум
Хэпхъащ къэрабэ -
Бабыщ гъуэжь ц1ык1ухэр
Удзыпц1эм хэзщ.
К1апсэлъэрышэу,
Хуэдэу къэдабэм,
Псыныбэ шырхэр
Хьэкхъуафэм 1узщ.

ЧЫЦ1 - КОЗЛЁНОК

Къытхуэхъуащ чыцI бацэ цIыкIу,
КIэ бэринэу нэ хъурей цIыкIу!
Зым емыщхъу щхьэ топ шыр,
ЧыцI лъэбыцэу Iуцэ шыр!

ХЬЭНДЫРКЪУАКЪУЭ

Хьэндыркъуакъуэ,
Хьэндыркъуакъуэ,
Укъыдоплъыр
Пхъэ дыкъуакъуэм.
Лъагэу уопк1э -
Удолъей,
Ят1эпс псыхъуэр пф1эф1щ- уэуейщ.

ШЫНДЫРХЪУОУ

КIэр пегъэхури йопкIэж и гъуэм,
Шындырхъуоухэр гъэщIэгъуэнщ.
Улъэ1эсмэ - къыпхуегъанэ,
Къыпок1эжыр - сыт пыплъхьэн?!

Щыгужьейк1э и к1эр ф1эхуми,
Къыте1ук1ыркъым зы макъ.
Хьэпщхупщ ц1ык1ум псэр ф1э1эф1щи,
Ц1ык1ухэ, губгъуэм фыщысакъ!

ХЫВ ШЫР Ц1ЫК1У - БУЙВОЛЁНОК

Хыв шыр цIыкIур нэ топ гуэрэщ.
Ар пщэ гъуму щхьэшхуэ гуэрэщ.
Хыв шыр цIыкIум Iэ дэтлъащ,
Дигъэхамэу къытхэплъащ.

ЦIЫЖЬДАДЭ - ПЦ1АЩХЪУЭ

Зи псэ къабзэу бзу цIыжьдадэ,
Уафэм джэгуу къелъэтыхь.
ПцIащхъуэ цIыкIум зыхуигъадэу,
ГуфIэнэкIуу насып къехь.

*ЦIыжьдадэ- Синица
*ПцIащхъуэ- Ласточка




30.01.2024гъ
Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии