Мык1уэдыж шыхулъагъуэ - Даур Борис деж

Даур Борис!
Хэкул1!
Дохутыр гъуэзэджэ!
Лъэпкъ тхыдэм и Шыхулъагъуэ ухуэхъуащ!
Зытепп1эмэ лэгъупыкъуу, п1эхэлъ сымаджэм,
Хэку уафэм, хьэрыф дыщэу, урабзащ!

Дохутыр ц1эры1уэ 1эзэу, нарт сэжьейуэ,
УЗ куэдым, акъыл жанк1э, утек1уащ.
Л1эщ1ыгъуэхэм пхыплъыфу, 1эмал гуейуэ,
Уи гупщысэк1эм уи ц1эр хигъэ1уащ!

Адыгэм п1этыфащ и хабзэр- бзыпхъэр,
Ди Хэку гъунапкъэм укъэмыувы1а.
Ц1ыху зыми лъэмык1ахэр уи 1эрык1ыу,
"Адыгэ, хьет!", - къохъуапсэу жебгъэ1ащ!

Уек1уэл1эжащи, бланэу, адэжь лъахэм,
1эзэгъуэхэр зыбохьэ-зэф1ыбох.
Чэнджэщ хэмылъу, плъэк1и къомыгъанэу,
Ц1ыхугум ухуохъуфыр бамп1э дэх.

Лъэпкъ уз къоузу, бланэ ныбжьэгъу пэжу,
Къып1урощэщ хабзэф1хэр - уи бзэр 1эф1щ!
Дыкъэзгъэщ1а къуршыжьхэм уахуэпэжу,
Профессор сосрыкъуапц1эу, Нарт щауэф1!

«Сы-Адыгэнщ!» жызы1эм, у-гу къабзэу,
Ц1ыхугъэр щапхъэу, хубогъаблэ нэху!
Ещхьщ уи гур ДАНКО! У хэкупсэ къабзэу,
Хыбош Шыхулъагъуэр Дуней псо утыку!


05.01.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

***- Чтобы спасти людей, Данко вырвал из груди свое горящее сердце и, освещая им путь, вывел людей из лесного болота. Он понимал, что умрет без сердца, но желание спасти людей победило жажду жить.
- И только жертва Данко могла воодушевить людей на преодоление оставшегося пути.



«Гу щабагъэр IэщIагъэ псоми дэщIыгъун х*у*ейкъым, ауэ ар Iэмал зимыIэщ дохутырым и дежкIэ», - жиIэгъащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Моруа Андре. Профессор Даур Борис Индрис и къуэр абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ. Ар зэIэзахэм, зыкIэлъыплъ сымаджэхэм зэрыжаIэмкIэ, а л1ы мэхъаджэр зыпэрыт IэщIагъэм къыхуигъэщIащ. Хьэрэмыгъэншэу, сымаджэм къыдалъхуа дыдэм хуэдэу хуэгузавэ Дохутыр 1эзэщ Даурыр.Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкIщ, цIыхугъэшхуэ зыхэлъщ, абы и псалъэм, и плъэкIэм гукъыдэж къаретыж сымаджэхэм.


Рецензии