Зэкъуэш лъэпкъхэр фызэрыубыдыж!

Закъуэт1акъуэу гъащ1эм сыщыгужьейк1э,
Си гум адэжь лъахэм зыхуеший.
Къыщы1уачк1э ди бзэр ди щ1эжьейхэм,
Щ1энэк1алъэу махэ мэхъу лъэдийр.

Адыгэбзэр гъащ1эм и гъуэгуанэщ,
Адыгагъэр дыгъэ къуэмыхьэжщ.
Я1эщ ди къуршыпсхэм зы гукъанэ,
Зэкъуэш лъэпкъхэр фызэрыубыдыж!

25.11.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии