Бжьыхьэкъафэ бостеик1э
И зэрыджэ бостеик1эм!
Кхъуэщыныфэу, зигъэфаф1эу,
Тхъуэплъ-гъуэжьыфэу къещ1ыр къафэ.
Феплъыт! Матэ тхузэрелъхьэ,
Зэщиуду пхъэщхьэмыщхьэм.
Зиукъуэдиймэ ар Къырыщхьэм,
Пщ1ащэ дыгъэу къыпхоплъ бгыщхьэм.
И зэрыджэ бостеик1эм,
Лъахэр гуапэу зэщ1ехуапэ.
Дыщэплъыфэу а къафэк1эм,
Жэпыр хуохъур хуатэ щабэ.
Тхьэмбылыфэу, зигъэфаф1эу,
Тхъуэплъ-гъуэжьыфэу къещ1ыр къафэ.
Щыджэрэзк1э щхъуэк1эплъык1эу,
Сытуи дахэ бостеик1эр!..
23.10.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
IIвариант
ЖЁЛТЫЙ ЦВЕТ
Феплъыт, бжьыхьэ щхъуэк1эплъык1эм
И зэрыджэ бостеик1эм!
Кхъуэщыныфэу, зигъэфаф1эу,
Тхъуэплъ-гъуэжьыфэу къещ1ыр къафэ.
Феплъыт! Гъуэжьрэ, ар дыщафэу,
Къещ1 жыгыщхьэхэм удж къафэ!
Зиукъуэдиймэ ар Къырыщхьэм,
Пщ1ащэ дыгъэу къыпхоплъ бгыщхьэм.
И зэрыджэ бостеик1эм,
Лъахэр гуапэу зэщ1ехуапэ.
Дыщэплъыфэу а къафэк1эм,
Жэпыр хуохъур хуатэ щабэ.
Тхьэмбылыфэу, зигъэфаф1эу,
Тхъуэплъ-гъуэжьыфэу къещ1ыр къафэ.
Щыджэрэзк1э щхъуэк1эплъык1эу,
Сытуи дахэ бостеик1эр!..
Свидетельство о публикации №123102303827