Джатэ

Ди адэжь фэеплъхэм я щ1эин дэхащэу,
Адыгэ цей-фащэм ф1элъщ сэ ин хуэфащэу.
Ар хэтащ Нарт тхыдэм л1ыгъэ курыкупсэу,
Къыпэувмэ лъахэм бийхэм ямыубзэу.

Уэ щ1эблэщ1эм зэи уилъытэнкъым хамэу,
Зэгуэр адэжь лъахэм щагъэбзамэ къамэр...
Лъагэу 1эпщэ лъэщхэм уа1эт - Ислъэмей
къафэм урипашэщ! Л1ыгъэм урилейщ!


01.10.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии