Адыгэ Сэжьей - адыгэ сэ ц1ык1у
Угъурлы гъущ1ыпэу маисэ дахащ1э!
Уэ ухэтщ нарт тхыдэм хуэдэу нартсанэпсым,
Мамыр лэгъупыкъуу - жьэгум уригупсэу!
Теплъэ гуак1уэм уи псэр тхыдэм ирешажьэ,
Адэжь жыр Тхьэмадэу Адыгэ Сэжьей!
Мыувы1эж зауэжьым Нартхэр щыхихьэжэм,
Ущ1ыгъуащ и напэу уэ ди лъахэ хейм!
Хъуащ лъэхъэнэ жыжьэм щ1ыхуэ къыптемынэу,
Бгъэжа тхьэлъэ1у-лъыпэм тщихъума емынэм.
Мэхъу щыбупск1э пхъэбгъур ар хъумак1уэ бжыхь,
Лыжьым угуищ1ык1ыу, тхуэхъу сэжьей бэлыхь!
Уэ щ1эблэщ1эм зэи уилъытэнкъым хамэу,
Уи шыгъуп1астэр ипэ ибогъэщри къамэм.
1эпщэлъэщ адыгэм - арщи уэ узейр,
Зэгуегъэху лы-къупщхьэр! Жанхэм ура-лейщ!
Телъмэ 1энэ ц1ык1ум хэтщи адыгэпсэр,
Щ1ыгъуу ди шыгъуп1астэм! Хэт уэ къомыхъуапсэр?!
Выбжьэ-быдэ1эпщэу, ф1ыгъуэр уогъэятэ,
Бэрэжьейр уощ1 гущэ, Лъэпщ и бзыпхъэ уардэ!
Я1экъым лъэпкъ куэдым - Нартхэщ уэ узейр!
Пхэлъщ ди адэжь къуршхэм я псэр, ди Сэжьей!
Жану уэ пыбощэ гурыщэ пшыналъэм,
Уогъэбжьыф1э жыру адыгэжь щ1ыналъэр!
01.10.2023гъ
Ди л1ыжьхэм, зы илъэс щэныкъуэк1э узы1эбэк1ыжмэ, сэ япщ1ыхэмылъу унэм къыщ1эбэкъук1ыу щытакъым. Ар зылъэгъуахэми жа1эж, адыгэ жылэхэм а зэманым дэта экспедицэхэми къащ1эна тхылъхэми щатхыж. Хэт сэжьейк1э еджэт, хэти жан жи1эт... Нэхъ л1ыжьы1уэхэм 1эдакъэсэ псалъэри ящ1эжт. Къамэм уризауэмэ, сэм ури1эбэт. Сэр къыщибгъэц1эфтын щхьэусыгъуэ куэд махуэм и к1уэц1к1э къыкъуэк1ырт, пхъэ быупсын жып1эми, лъыпэ бгъажэн жып1эми, е лы гъэва къупщхьэр джафабзэу къагъэкъэбзэн..."Я 1эдакъэсэр лыжьым гуищ1ык1ыу",-ауэ сытми жи1акъым пасэрейр щыхъуахъуэм...Адыгэсэ щыхъужар дыгъуасэщ мыр... Нэгъуэщ1ысэр утыку къихьэу, мыр ди л1ыжьыф1хэм я гъусэу щык1уэдыжара...Езым и щ1ык1э и1эжщ и теплъэ и1эжщ и зехьэк1и и 1эмали и хабзи ...Псори зыщ1эпкъуэжмэ, щэнхабзэ жыхуа1эращ...Лъэпкъ куэдым я1экъым, я1экъыми къаулъэпхъэщри, щымы1ар яф1эщ1у зыгуэрхэр зырагъэпц1...Дэ ди1эщ, ауэ зетхьэкъым...Мыр дахэщ, мыр адыгэм ещ1ыжыф, и псэ хелъхьэф...Чинэм нэс къик1 1элюминий сэм ещхькъым...П1астэ пщтырым езэгъкъым, ц1ыхубзым 1эщ1ок1уадэ, ц1ыхухъум къыф1адыгъу!
Свидетельство о публикации №123100107431