Лъагъуныгъэ нэпкъ
Гухэлъхэр къытхуе1уэтэж.
Дыхъуащи 1уфэ зырыз,
Тщохъур псынэпсхэри тк1ыбжь.
ЕЖЬУ:
Сигу, зы псэху умыщ1эж-
Жэщ мыжейуэ сэ къыстощэ нэху!
Вагъуэиж, вагъуэиж,
Зы пшыхь закъуэ зыкъэзгъэубыдыж!
Нэщхъейуэ мазэр мэплъыз,
Дытетщ нэпкъ задэу зырыз.
Уэрыншэм сыгупщ1эузщ,
Вагъуэбэм игу къытщ1оуз.
ЕЖЬУ:
Схузэ1ух, схузэ1ух,
Уи гум се1усэну схузэ1ух!
Сурэттех, сурэттех,
Нэпкъ зырыз дытетщи къыттомых!
Гъащ1эм дэ т1ур дегъэунэху,
Къытхукъуигъэплъу зы щэху.
Си дыгъэр сщыхъумэ къухьэж,
Уи нит1ыр схуохъу гукъыдэж.
ЕЖЬУ:
Схузэ1ух, схузэ1ух,
Уи гум се1усэну схузэ1ух!
Вагъуэиж, вагъуэиж,
Зы пшыхь закъуэ зыкъэзгъэубыдыж!
17.09.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №123091704019