Нартыху
Сэбэпышхуэ хадэхэк1!
Шхын къыуатхэр къыхащ1ык1ыу,
1энэ жьант1эм ар темык1.
Тезэч дэпым - тхъуэплъ мэжаджэщ,
Фомыл трак1эу щагъэп1энк1.
Лыгъур гуэлъмэ - мырамысэщ,
Зым хуэмыдэу мэхъу хьэнтхъупс.
1эщ зехуэным-силосыпхъэщ,
Хьэтыкъ нанэ къыхещ1ык1.
Зэтраудмэ ди п1астапхъэщ,
Дгъажьэу тхьэжмэ ар хьэкъуртщ.
Щхьэц къыдидзхэм и щхьэмыжым,
Хущхъуэу хэлъым нур къыпех.
Нартыху ц1ынэм шэ къыщ1эжым,
Анэп1алъэу псэр дехьэх.
Нартхэм я нартыху гъуэзэджэ,
Сабий гущэр уэ уи нэгущ.
Утемытмэ 1энэр фаджэщ,
Нартыху уардэ - мамыр уэгу!
14.06.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №123061407300