КЪЭБ
Къыщок1 хадэм къэбыр,
Ари хадэхэк1щ.
Дожей, къуэпс пхъашэшхуэу -
Сытми зрешэк1.
Хъарбыз къыф1эщ1ащи,
К1унэ мэгъынанэ.
Ныбэр къэблэгъащи,
1эпл1э ху*ещ1ыр Нанэ.
Гуф1эпсыжу Дадэ,
Къыхех къэбыр хадэм.
Аразы хъуащ К1уни,
Йоуэ ар и пшынэм...
Маф1эм зыщигъаф1эу,
Къэбыр хьэзыр мэхъу.
Дыгъэ-фоупс 1эф1у,
Тшхынущ дигу пэщэху.
11.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №123061104784