Пц1ащхъуэ лэгъупыкъу

Загъэфаф1эу ди пщ1ант1экум,
Пц1ащхъуэм абгъуэ щащ1.
Къалъэтыхьыр, насып нэк1уу —
Пк1ащхьэм зрашэк1.

Таурыхъ псысэм хагъэгъуащэу,
Уэрэдус хъарпшэр.
Уэшх къешхам и нур дахащэм,
Бзухэр доуэршэр.

Уэсэпс ц1ык1ухэр зэщ1опщ1ыпщ1э —
Удз гъэгъам полыд.
Лэгъупыкъур зэрымыщ1эу,
Уэгум къыщолыд!

Дыщэпс щыгъэр къыхэщэщу,
Пшэплъу зэтрихьащ.
Удз гъэгъахэр йо1ущащэ —
Лэгъупыкъу зэпщ1ыхьам.

Зэщ1огъагъэ пщ1ант1э жьэгур —
Зэмыфэгъуу тхъуэплъщ.
Насып хъару тафэщыгум,
И дахагъым феплъ!..

03.06.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии