Псэущхьэхэр
Зебра зи ц1эр шыкъуэлэнщ,
Къижыхьыну ещ1 къалэн.
Ф1эф1щ губгъуэшхуэр кусэ цыбэм,
Псыхъуэм и псыр ф1эф1щ псыныбэм.
МАХЪШЭ (ВЕРБЛЮД)
Махъшэ тхыц1эм тетщ сыджышхуэ,
Хьэлъэзехьэр лъакъуэ к1ыхьщ.
Ар пшахъуалъэм щызэрахуэ,
Псы хуэл1ами тэмакък1ыхьщ.
ПЫЛ (СЛОН)
Сытым хуэдэу пэ к1ыхьышхуэ!
Сытым хуэдэу тхьэк1умэшхуэ!
ПЫЛ жы1эщ1эр пелуанщ,
И хьэлъагъыр пф1ощ1 мелуан.
ЩЫХЬ (ОЛЕНЬ)
Бланэ дахэу тетщ и бжьакъуэр,
Псынщ1эрыжэщ и щыхь лъакъуэр.
Хужь - гъуэбжафэхэу 1эпап1э,
Телъщ бгы - мэзхэр зи зек1уап1эм.
БАЖЭ (ЛИСА)
Хьилэшыуэ бзаджэщ бажэр,
Къигъэпц1энущ абы ажэр.
Ещ1эр бажэм 1эмал куэд,
Ди джэд къомыр егъэк1уэд.
ХЬЭРЭ (БУЙВОЛ)
К1эрымылъмэ хуэмей ят1э.
Къыхуалъхуащи хьэршытIатIым!
Хьэрэм и шэр шатэу 1увщ,
Бжьакъуэ тетщ - упэмыув.
КЪАПЛЪЭН (ТИГР)
Ар джэдукъым, фымыщ1 пэшэгъу,
И1экъым абы гущ1эгъу.
Ар къаплъэнщ - имыдэ лей,
Пхуимыщ1эну зыхуэмей!
МЫЩЭ (МЕДВЕДЬ)
Зи цыр к1ыру лъакъуэ п1ащэ,
Бжьэ фоматэр зыф1эмащ1э.
Мэз тхьэмадэу мыщэ ин,
Мыхьэмышхкъым - мыкъиин.
НОМИН (ОБЕЗЬЯНА)
Нэжэгужэу, хохъу номиным,
Жыг къудамэр дэлъеип1э.
Телъеик1мэ адрейм тепк1эу,
Жыг щхьэщыгур ещ1 джэгуп1э.
ДЫГЪУЖЬ (ВОЛК)
Дыгъужь мэлЕщэ! Мэзкъэущыхь!
УемыдэхАщ1э мэжэщ1ал1эм -
Умыбэлэрыгъ! Уи мэл имыхь
Хузэф1эк1ынукъым! Уемыл1ал1э!
Ц1ык1ухэ, фщ1эрэ мыхэр зи ц1эр?!
Мыр псэущхьэ ф1эщыгъэц1эщ.
Фахуэсакъхэ – Тхьэ 1эужьщ!
Пщэдей махуэм хаш лъэужь!..
28.05.2023г
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №123052804331