Щабэрык1уэу 1эжьэ ц1ык1у
Зы лъэрыжэм хэдмыщ1ык1т,
Телефонхэр т1эщ1эмык1т-
Дадэ дэ тхуищ1ащ пхъэ1эжьэ,
Зым имы1эу жыжьэрыжэ.
Бжьэпэ лъагэр и щ1эщыгъуэу,
Уэсыр 1уащхьэу зэтрихьащ.
Ди шыпхъу ц1ык1ур ди 1эпэгъуу,
Къетшэк1ыну дыкъежьащ.
1уащхьэм лъагъуэ пхеш ди 1эжьэм,
Ар флъэгъуащэрэт зэрыжэр!
Дэ чэзууэ дыкъожэх,
Адэжынэу къыдожыхь.
Къытк1элъожэ хьэшхуэ Бацэ,
Ди гъунэгъуу блож Мамыцэ.
Дэ абыхэм дадожэф,
Дауэ хъуми датожыф.
Зы джэгук1эм хэдмыщ1ык1т,
Телефонхэм дыкъимык1т!
Сыту ф1ыщэ мы лъэрыжэр,
Щабэрык1уэу жыжьэрыжэр.
Ц1ык1ухэ, унэм фыкъыщ1эк1,
1уащхьэ джафэм фыкъыдэк1!
Дадэ жыжьэу щытщи матхъэ,
Къэджыхьынущ къэсыху гъатхэр!..
27.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №123052702975