Къанжэгъащтэ
Къанжэгъащтэ итщ ди хадэм,
"Джэджьейхъумэщ!"-же1э дадэ.
Треху ди нартыху хьэсэм къуаргъ,
Ар телъыджэщ зэрыхъуар.
Фщ1эрэ, а хьэсэпэхъумэм
Жэщ зэрыхъуу псори щощтэ?!
Гъэщ1эгъуэнкъэ-джэджьейхъумэм
Къуршыбгъэжьхэм дыщахъумэ.
Ар ди папэ тхуищ1ащ нобэ,
Яф1эщыпэу жа1э: «Тобэ!..»
Телефонк1э сурэт трах —
Сыригъусэуи къыстрах.
Ди гъунэгъухэр зэхуэсащи,
Йоплъ абы, 1элъэщ1 тралъхьащи.
Къанжэгъащтэр ягъэщ1агъуэу,
Нартыху хьэсэр тхуегъэбагъуэ.
20.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №123052004924