Бзухэм я макъамэ-псалъэрыбжэ

Хьэрхьуп ц1ык1ухэр вак1уэ док1ри,      (удод)
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр къолъэтэж.         (ласточки)
Дохутыр дыдэ хъуащ жыгыу1ури,           (дятел)
К1ыгуугу и ц1э ире1уэж.                (кукушка)

Ныбгъуэр губгъуэм дагъэк1ауэ,           (перепел)
БзупэкIыхьхэм я1уэтэж.                (бекас)
Бжэндэхъу ц1ык1ухэр, лъыхъуэу пк1ауэ,   (скворец)
Шылэджэдхэм яхохьэж.                (куропатка)

Псом нэхъ шырщи румат1 ц1ык1ур,         (зяблик)
Жэнэтбзухэм 1эпл1э хуащ1.               (щёголь)
Уэгунэбзум и уэрэд гуак1уэм,            (жаворонок)
Къруми, бгъэми щхьэщэ хуащ1.            (журавль и орёл)

Загъэфаф1эми мэзджэдхэм,                (фазан)
Бзупсэлъак1уэр зэхызох.                (попугай)
Зыкърашми дыщэджэдхэм,                (павлин)
Псым щес къыухэр къыхызох.              (лебедь)

Мес, псыхэуэм псы кууп1эм,              (цапля)
Къыхухедз бдзэжьей къашыргъэм.          (ястреб)
Щ1эзщ жьындухэр мэз 1увып1эм,           (сова)
Жейбащхъуэнэщ, хьэргъэшыргъэщ.

Зодэхащ1эхэ цыжьдадэр,                (синица)
Къанжэ к1ак1эр я тхьэмадэу.                (сорока)
Бгъэгуплъ жаным псыхъуэр ф1эф1щ,        (краснозобик)
Уэсбзу защ1эу уэгур уэф1щ.                (воробей снежный)

Ц1ык1ухэ, фщ1эрэ мыхэр зи ц1эр?
Къуалэбзум я ф1эщыгъэц1эщ.
Удехьэх бзуубзэ щыгъэм,
Ещхьыркъабзэщ ар уэздыгъэм.          
               
14.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

К1ыгуугу - кукушка
Жыгыу1у – дятел
Ныбгъуэ – перепел
Хьэрхьуп - удод
Пц1ащхъуэ – ласточка
Бзу - воробей
Къуаргъ - ворона
Къанжэ - сорока
Тхьэрыкъуэ  - голубь
Жьынду - сова
Бгъэ - орёл
Къру - журавль
Шылэджэд – куропатка
Мэзджэд - фазан
Бзупсалъэ - попугай
Румат1 - зяблик
Уэрэдбзу - соловей
Къашыргъэ - ястреб
Къыу - лебедь
Псыхэуэ - цапля
Жэнэтбзу – щёголь
Цыжьдадэ – синица
Уэгунэбзу – жаворонок
Дыщэ джэд – павлин
Бжэндэхъу - скворец
Хъунгъар, бзудэгу- глухарь
Псыджэд, къамылджэд - лысуха
Къыякъ - балобан европейский
Уэсбзу - воробей снежный
Дурэшбзу, бзудамэплъ - стеноглаз
БзубгъэгуфIыцIэ - воробей черногрудый
КърупщэфIыцIэ - красавка
Бгъэгуплъ - краснозобик
Къуалэпэгъуэ - галка альпийская
Бгъэнбзу - барсучок
Щхьэщ, пшахъуэджэд - галстучник
БзупэкIыхь, удыдж - бекас
БзуупцIэ — дрозд
Бзухьэгуагуэ — хохлатый жаворонок
Губгъуэ бабыщ — дикая утка
Жунэ — крапивник
Къуалэбзу — дикие птицы
Мэлыхъуэ бзу — жаворонок полевой
Нэбажэ — сокол
ПсысхуолIэ — чечевица
ТIысдадэ — синица


Рецензии