Iэдииху и дыгъэ бзий
Дамэшхуэхэм са1этмэ, сыщ1охъуэпс,
Уафэгум 1эпл1э гуапэ есшэк1ыну!
Сыкъыщыфэу тафэм - сыкъыщыуджу уафэм,
Хуэразэу Инжыдж 1уфэм зесшэк1ыну!
Си дамэ уардэхэмк1э, псори къызэхъуапсэу,
Ситынут пшэплъу уафэ курыкупсэм.
Лъагап1э уэгум си псэр игъэгуф1эу,
Щ1эсхуэрзык1ынут тафэу Инжыдж 1уфэр.
Нэхъ гуапэщ дыгъэр Iэдииху и лъапэ,
Лэгъупыкъу лъэужьу дызэрогъэлъатэ.
Щымы1э нобэ схуэдэу насыпыф1э,
Къуршыбгъэм хуэдэу уэгум срогуф1э.
12.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №123051101113