Мазэщ1э ц1ык1у

Жэщым щыму, зигъэфаф1эу,
Вагъуэ ц1ык1ухэм зыщагъаф1эм,
Миля шыр къызэщ1энащ,-
Мазэ ц1ык1ум гу лъитащ.

Доплъей уафэм:
-Ар уэздыгъэщ!
Сыхуейщ ф1эздзэну абы щыгъэ!
Сэ а ц1ык1ум сыдожэф,
Вагъуэ ц1уухэм сатожыф.

Сыжейху сщ1еупск1э уафэм.
А уэздыгъэр къофэ тафэм.
Къалъхуагъащ1э мазэ ц1ык1ущ,
Си къазыцу щхьэнтэ ц1ык1ущ!


09.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии