Зурят - памяти черкешенки, партизанки З. Тлисовой

Пщыналъ и пхъу пажэ, Зурят.
Хэкупсэ хахуэ, бгырыс.
Пщащэ зэк1ужу шэрджэс.
Лъэпкъыпсэ-гуей, Хьэбэздэс!
 
Компарт инструктор, Зурят.
Зауэм тыболъхьэ гъуэгу хахуэ.
«Красный кавказец» отряд-
Гупт1асхъэщ1эхым и лъынтхуэ.
 
Адыгэ пщащэ, Зурят.
К1эщ1 дыдэ хъуати уи гъащ1эр.
Вагъуэщ1эхэр къопщ1эк1ат,
Гу1эу, щепт1ыхым уи мащэр.
 
Гестапом гъащ1эр п1эщ1ех...
Хэхуагъэр уи лъым хэт пкъыгъуэт.
Пщащэ гуей щыпкъэ, Зурят.
Л1ыгъэр уи щапхъэ дамыгъэт.
 
Партизан хахуэ, Зурят.
Мык1уэдыжынщ уи лъэужьыр.
Хэкупсэ тхыгъэу уэсят,
Къытхуэбгъэнащ уэ 1эужьу.

Зэрехьэ Лъысхэ Зурят,
И ц1эр щалъхуа и уэрамым.
Хьэбэзыпхъу щыпкъэ, Зурят,
Уи ц1эр добжьыф1э зэманым.


07.05.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

И хэкуэгъухэр псэуху ящымыгъупщэн фэеплъ щIэин къытхуэзыгъэнахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм ипхъу щыпкъэ Лъыс Пщыналъэ ипхъу Зурят. Абы и гъащIэр кIэщI дыдэ хъуами, вагъуэу лъэпкъым къыхэлыдыкIат...
Хэкум и епцIыжакIуэм и бзэм къыпыкIыу, Зурят IэщIыхьащ Хьэбэз зыщызыгъэбыда нэмыцэ комендантым. Иужьым, Черкесск кърашэхри, гестапом IэщIалъхьащ. Абдежым адыгэ пщащэм ирагъэхъылIа хьэкIэкхъуэкIагъыр къызэрыпIуэтэфын псалъэ гъуэтыгъуейщ.
Ауэ, дапхуэдиз ирамыщIами,дауэ ямыгъэгуIами, Зурят яхуэгъэпсэлъакъым.


Рецензии