Жьэукъ ц1ык1у

 
Жьэукъ ц1ык1уу си щхьэгъум,
Гущэм хэлъщи мэдыхьэшх.
И 1эр къептмэ ещ1 1эшт1ым,
Сытри хуэхъукъым мыхьэмышх!

Пф1эф1щи пшхыну мы1эрысэ-
Гуф1энэк1уу зыбогъаф1э.
Къыхет1ык1 гущэпсыр нысэм,
Нэм ухуихьыу ухуехь бгъафэм.

...мис абдеж уи адэ къуэшым,
Укъепхъуатэ, уегъэлъатэ.
Удридзеймэ уохъу бзу шыр,
Уджэрэзу уоуэршэр.

Дыгъи мази схуаусами,
Мылъкуу щы1эр къызатами,
Дыжьын-дыщэк1э саблами-
Уэ зы ц1ык1урщ схуэхъур дамэ.

Ц1ыхуф1 псом уращ1эщыгъуэу,
Узыншагъэр пхухъу щыгъын!
Уогъэбжьыф1э уэ си жьыгъэр
Жьэукъ ц1ык1уу, си щхьэгъум!

*Адэ къуэшыр - Гъуэщокъуэ Руслан
*Нысэр - Гъуэщокъуэ Ляна

10.04.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии