УЭШХ ЩАБЭ

Щоджэгур уэшх щабэр ди пщ1ант1эм,
Гъатхэпэм дыщ1егъэдэ1у.
Къытщиущэхухэр къэтщ1атэм,
Тхуищ1ынут щ1алэгъуэм тхьэлъэ1у.

Щыхуейм - щ1ымахуэм щохуабэ,
Ар ху*е*ймэ - гъэмахуэм щодий.
Бжьыхьэк1эм, къол1ыхри и нап1эр,
Дыгъэпсу зыщеукъуэдий.

Гумахэу, уэшх щабэ къешхык1эм,
Жейншэр жейбащхъуэ ещ1.
Пшыналъэу и 1эпэм къи1ук1ым,
Аргуэру зеиншэ сещ1.

Щоджэгур уэшх щабэр жьэгу-пщ1ант1эм,
Гъатхэпэм зигъаф1эу щ1одэ1у.
Къысщиущэхухэр къэсщ1атэм,
Хуэхъунут щыуагъэм тхьэлъэ1у.

@Гъуэщокъуэ Мадина

08.04.2023гъ


Рецензии