Вагъуэбэ псысэм нуру сыхэтщ
Къи1ук1ыр си гум зы уэрэдщ.
Зыхубогъазэ уэ си уафэм,
Уолъэ1у:"Къыдэт гурыщ1э куэд".
Гупсысэм уэгум къеуфыхьри,
Нэщхъейуэ щ1ылъэм къегъэзэж.
Ар ху*е*йкъым, нахуэ мыхъумэ пщ1ыхьри,
Пшэплъ дахэр хъун псэзэхуэшэж?
Гукъуэпс п1ейтейхэм я зэхуакум,
Гухэлъ пшыналъэм жи1эр пэж?
Данэпс теппхъэжмэ пф1эф1щи хьэкум,
Ужьыха маф1эр щ1ыбодзэж.
Гупсысэ гуапэщ си гъуэгу псысэр,
Ф1эраф1эщ уэри уи дунейр.
Уэрыншэу мак1уэ си илъэсхэр,
Гурылъ данэпси сыхуэмей...
Согуэшыр хуабэ сыгъэмахуэу,
Вагъуэбэ псысэм нуру сыхэтщ.
Макъамэр сщ1ынукъым бзыхьэхуэ,
Къи1ук1ыр си гум зы уэрэдщ.
26.02.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина
Свидетельство о публикации №123022605826