Сосрыкъуэу, ди Сантино!

Адыгэу щы1эм ди л1ыхъужь САНТИНО,
Сосрыкъуэу уэ Шыхулъагъуэм ушэсащ.
Дыщэгъущ1ыпсэу, нартхэм я пшыналъэу,
Зэрыдунейуэ Дыгъэ утхуэхъуащ!

Гукъеуэр щэхуу къытоу1уэ ди бжэм,
Къигъык1ыу гущ1эр, щ1ылъэр егъэгыз.
Донбасс щ1ыналъэм щхьэщыбош топышэр,
Дызыхъумэн лъэмыжхэр тхубокъуз.

Адыгэу щы1эм ди л1ыхъужь САНТИНО,
Ц1ыхубэм Гъуэгугъэлъагъуэ ухуэхъуащ!
Лъэпщ уардэ! Сосрыкъуапц1э! Ди дамыгъэ!
Уэ щ1алэгъуалэм щапхъэ ухуэхъуащ!

Щыпыхьэм Донбасс щ1ылъэр, Нарт шууейуэ,
Сабийхэм лэгъупыкъуу затепп1ащ.
Ц1эры1уэу, шыф1ым хуэдэу, Хэку хъумак1уэу,
Уи гупщысэк1эм ц1ыхухэр зы дищ1ащ!

Зы ц1ыху имыщ1эу уощ1э дуней щэхур –
Ц1ыхугъэк1э, щыпкъагък1э угъэнщ1ащ.
Уэ нуру къыпщхьэщихым къыпих нэхум,
Дунейм ц1ыхуф1у тетыр зы дищ1ащ!

Дыкъэзгъэщ1а къуршыжьхэр зэдежьууэ,
Уи адэ - анэм усэхэр хуаус!
Сэтэней Гуащэ, къыптек1а САНТИНО,
Арысей лъэпкъым адыгагъэк1э щошэс!

Абы щогугъ щ1эблэщ1эр! Гъуэгугъэлъагъуэу,
Сыт щыгъуи яригъэлъагъуну нэху.
Адыгэу щы1эм ди л1ыхъужь САНТИНО!
Пэжыгъэр щапхъэу тхубогъаблэ нэху!

«Сы-Адыгэнщ!» жызы1эм я жылапхъэу,
Уэ уи ц1эрщ я лъэнк1ап1эр! Къимык1уэт!
Уэр хуэдэ хъуну х*у*ейхэу! Уарищапхъэу!
Щ1эблэщ1эм и щхьэр лъагэу уогъэ1эт!

19.02.2023гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина

Ди зэманым и л1ыхъужь адыгэ щ1алэщ. Япэ махуэм щегъэжьауэ СВО-м щы1эщ. Псори къызэреджэр (позывной) САНТИНО-щ. Адыгэбзэр икъук1э нэгъэсауэ ещ1э, и лъэпкъым къик1уа тхыдэ гъуэгуанэм ф1ыщэу щыгъуазэ щ1алэ лъэпкъыпсэщ.

САНТИНО - ЧЕРКЕС. Герой нашего времени. Участник СВО.
https://t.me/dontstopwar

Ребята держитесь! Мы в вас верим! Вы наша надежда и опора!
ВЫ НАСТОЯЩИЕ!
За спинами наших героев - МЫ!
МЫ - ЭТО РОССИЯ!
ПОБЕДА БУДЕТ ЗА НАМИ!


Рецензии