Хъуэпсап1э защ1эу, си Хэку!

Хъуэпсап1э защ1эу, си Хэку!
Хьэщ1эр зи куэду ди жьэгу!
1эдэб щэн-хабзэу хэ1уа,
Дыжьын мэкъамэу гъэгъа.

Си адэжь лъабжьэ, си нып!
Уэ тхубогъаф1э насып.
Адыгэ хабзэм нэхъ лъэщ,
Щы1эу схуэщ1ынкъым си ф1эщ!

Бжьэмий бзэрабзэу, си Хэку,
Псынэпсу уэ сыуикъуэпсщ.
Сыубкъым, хьэуэ, хамэпс -
Инжыдж 1убыгъуэ -1эф1ыпсщ!

Адэжь пшыналъэу ди щ1ыгу,
Ущызогъаф1э уэ сигу.
Гъагъэ, щ1эращ1э, си Хэку,
Гущэр щ1аупск1эу уи жьэгу!

11.02.2023гъ

@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии