Гъуэгу нэху

Гъуэгуанэм ущищ1к1э гуит1щхьит1,
Уи щ1ыбк1э зэрахьэм псалъит1,
Псэлъалэм я макъ зэхыбох,
Ямыщ1эу, гуэныхьхэри птрах.

Къэунэхумэ, шыхулъагъуэр щ1эращ1эу,
Уафэгум щылыду, мазэщ1эр,
Гъащ1эу мамыр си тхьэлъэ1ущ,
Ди Тхьэшхуэм насыпк1э солъэ1у.

Стегъыхьэ, гугъу сехьми сэ т1эк1у,
Щы1эхэмэ пэжу зы гъуэгу.
Гъуэмылэу нэхъыф1щ чэнджэщ к1апэр,
Си псэм нэхъапэр си напэщ.

Гугъуехьхэм щ1эх дащ1ыр балигъ.
Ц1ыху щыпкъэм и псалъэм ди1ыгъщ.
Ди Тхьэшхуэм, сыщыхъум гуит1щхьит1,
Схуещ1 нэхуу си гъуэгур нэхъ ху*ит!

28.01.2023гъ

@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии