Гуф1энэк1ущ ди лъагъуэр

Гуф1энэк1ут а махуэр! ...ущыслъагъум...
Угъурлыуэ нит1ыр къыщыс1уплъэм...
Ещхьыркъабзэу япэ лъагъуныгъэм...
Насып бзууэ ущхьэщытт си щ1ылъэм!..

...Илъэс бжыгъэ хъуауэ сынопщ1ыхьт,
Дыгъэу си гухэлъхэм уедэхащ1эу.
Уэшхыу уэ си пщ1ыхь утелъэщ1ыхьт,
Жьыбгъэу си гурыщ1эм уе1ущащэт.

Дыщэ алэрыбгъуу дыхотхыхь...
Гъащ1эм ф1ыгъуэ нэхуу дзэхуегъазэ.
Уи бжыхь к1апэм си псэр тожеихь,
Уи псэр си п1эщхьагъым щ1оджэразэ.

Насып мыухыжыр уэзыращ,
Гу пщызмыхуэу, щабэу сыно1ущащэ...
Щыгъэу быухуэнри зэщ1эпкъуащ,
Вагъуэхэр, си щхьэцым тебгъэщащэу.

Гуф1энэк1ущ, схуэбгъаф1эу хэпша лъагъуэр!
Сэри пхузогъаф1э нэхущ вагъуэр!
Угъурлыуэ, уэрщ си гъащ1э гугъэр!
Нэрылъагъущ ди лъагъуныгъэ лыгъэр!

21.01.2023гъ

@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии