Щ1ы1э дадэ, жьак1эху дадэ!

Ежьу:
Щ1ы1э дадэ, жьак1эху дадэ!
Уэ дыбогъэгуф1э!
Щ1ы1э дадэ, уэс тхьэмадэ!
Уэ зыпхудогъаф1э!

Гуф1эгуэшу псейр зэщ1облэ,
Нобэ ди махуэшхуэщ!
Уи шыгу 1эжьэм мазэр щоблэ,
Къытхуехь гуф1эгъуэшхуэ!

Ежьу:
Щ1ы1э дадэ, жьак1эху дадэ!
Уэ дыбогъэгуф1э!
Щ1ы1э дадэ, уэс тхьэмадэ!
Уэ зыпхудогъаф1э!

Псей удзыфэу дыжьыныфэр,
Дэ къыддощ1эращ1э.
Илъэсыщ1эм и нысащ1эщ,
1эрымыщ1 дахащэщ.

Ежьу:
Щ1ы1э дадэ, жьак1эху дадэ!
Уэ дыбогъэгуф1э!
Щ1ы1э дадэ, уэс тхьэмадэ!
Уэ зыпхудогъаф1э!

Псей удзыфэм саугъэтхэр,
Щолыд - къыдофыхь.
Щхъук1эплъык1эщ 1эрымыщ1хэр,
Мыухыж таурыхъщ!

Ежьу:
Щ1ы1э дадэ, жьак1эху дадэ!
Уэ дыбогъэгуф1э!
Щ1ы1э дадэ, уэс тхьэмадэ!
Уэ зыпхудогъаф1э!

31.12.2022гъ


Рецензии