Дыщафэ пщ1ащэхэр пылъэлъырт...

Дыщафэ пщ1ащэхэр пылъэлъырт...
Пылъэлъырт жьыбгъэм кърихьэк1ыу.
Сэхурану 1эпл1э уи гухэлъым,
Ху*ищ1ыжырт хуэмурэ бжьыхьэк1эм...

Гупсысэхэм сызэщ1агъэплъу,
Уэ зырщ, къыщ1итхъыу, си гум къэк1ыр-
Щым дыдэу пщ1ащэхэм ухэплъэт,
Щ1ы хъурейм уэ уи ц1эр щытезбжык1ым.

Запхъэхри жыгхэм, пщ1ащэу къыпылъэлъыр,
Дыщафэ алэрыбгъуу мэ1ущащэ.
Уи нит1к1э бжьыхьэ мэзыр сэ къызоплъыр,
Уэрыншэщ тхьэмпэу нобэ къыстещащэр.

Уизгъэхужынут си гум сэ куэд щ1ауэ.
Сомыгупсысмэ сыхуейт, уи ф1эщ щ1ы...
Ауэ -
Полъэлъ аргуэру пщ1ащэр...даущыншэщ...
Удж пыхуу бжьыхьэр йоуджэк1 уэрыншэу...

06.07.2022гъ


Рецензии