Си дэлъху ц1ык1ур хъуау щхьэхынэ...

Си дэлъху ц1ык1ур хъуау щхьэхынэ
Жьыуэ ар къэмытэджыж.
Х*у*е*й-хуэмейуэ къытхукъуоплъри,
Телефоным дехьэхыж.

"Интернетыр щхьэ нэхъапэ?
Зыкъэщ1эж, ди Т1ат1у ц1ык1у."
Илъэсыщ1эм худохуапэ,
Зэщ1эц1ыуэу мэз псей ц1ык1у.

- Модэ феплъыт, къопсыр дыгъэр!
Ушэсыну уэсыр къос!
Щ1ы1э Дадэр къытхуоблагъэ,
И шыгу 1эжьэр уафэм нос!

И нэ ц1ык1ухэм щ1о1уэтыхьри,
Пыгуф1ык1ыу п1эм къыхопщ...
Зыщ1ыдолъхьэ лъэгу лъэрыжэр,
Хьейдэ! Уэсым дыпхыропщ!

Щ1ы1э Дадэр зэрык1ащи,
Упщ1э хужьыр тхуещ1 щтырыгъу.
Си дэлъху ц1ык1ур жьым шэсащи,
1эжьэр щохъур алэрыбгъу.

Щхьэх жыхуа1и имыщ1эжу,
Уэс зэрихьэр хуохъу пк1элей.
Телефони хуэмеижу,
Псыщхьэ гъуджэр мэхъу дыдей!..

P.S.
Щывмыгъак1уэ сабийгъуэр
Интернетым! Фыкъыхэк1!
Фхъумэж фи узыншагъэр,
Ц1ык1ухэ! Унэм фыкъыщ1эк1!


24.10.2022гъ

@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии