Сып1эщ1ощэщыр налъэ-налъэу...

Дыщафэ жыгхэм пщ1ащэр къыпыщэщу,
Гухэлъ блэк1ахэр хуэму зэхуащ1ыж.
Хъурыбзэу уи бзэм къыпыщэщым,
Уи ф1эщ щ1ы, гугъи хэмылъыж.

Къогъык1ыр си гур шык1эпшынэу,
Гурылъхэр бжьыхьэм епхъэнк1ыж.
Зат1эщ1ыр, жыгхэр щымышынэу
Уэшх щ1ы1эм... Тхьэмпэр мыджэгуж!

Жэп щ1ы1эм, дэнэ уэ щыпщ1энут,
Сыщ1эбэмп1ыхьу тхьэмпэ бгъафэм?
Къамылыр псэк1э зэхэпщ1эну,
Пхъэц1ычк1э уеуэмэ уи куафэм?!

Сып1эщ1ощэщыр налъэ-налъэу,
Щыгъэ лэрыпсу...сып1эщ1ок1.
Сигу щ1ы1э-щ1ы1эу узэрилъыр,
Зэхихкъым зыми, жэщым ф1эк1...

15.10.2022гъ


Рецензии