Ди НУР садым и пшынэбзэ

Сабий сад! Ди гурыф1ыгъуэ!
Хырырехъуэ уи гуф1эгъуэм!
Хэкужь набдзэ дыгъэ-щыгъэу,
Удигъусэщ дыщэ лъагъуэу!

Уи гуапагъэм дыдехьэхыр,
Уи щабагъэм дегъэтыншыр.
НУР уэздыгъэ-адыгэпсэу,
Лъагъугъуаф1эу укъытхуопсэ.

Уи таурыхъхэм дагъэлъап1э,
Насыпыф1эу дыщоудж!
Сабийгъуэм и къежьап1эу,
Уи куэщ1 щабэр абгъуэ ныджщ!

Анэп1алъэ «НУР» пэлъыту,
Уэ ухуэдэщ тхьэ1ухудым!
Дегъэхуабэ пщэдджыжь нуру,
Уи пшынэбзэм и уэрэдым!

Сабий сад! Ди гурыф1ыгъуэ!
Удз гъэгъащ уи дыщэ лъагъуэр!
Хэкужь набдзэ дыгъэ-щыгъэу,
Зэщ1опщ1ыпщ1э уи уэздыгъэр!


@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии