Адэжь щ1эину адыгэ нып!

Адэжь щ1эину адыгэ нып!
Ди лъэпкъ дамыгъэу мамыр насып!
Щ1эблэр бгъэгушхуэу лъагэу уе1эт,
Уи жьауэм къыдже1э - "АДЫГЭ, ФЫЗЭКЪУЭТ!"

Гузэвэгъуэ хъуамэ дызэрыгъуэтыжу,
Гуф1эгъуэ махуэхэм дызэрыгъэпэжу.
Щыгум щыхуарзэу, псэр дэхуэразэу,
Адыгэ бынхэр дызэкъуегъэувэж.

Дыщэ шабзищыр ди гъащ1э гъуазэщ,
Адыгэ лъэпкъыр вагъуэ пщык1ут1щ.
Адыгэ ныпыр нартхэ ди напэщ!
Ди гурыф1ыгъуэщ! Пэжым и ныбжьщ!

Адэжь щ1эину адыгэ нып!
Щхьэхуитыныгъэу мамыр насып!
Щ1эблэр бгъэгушхуэу лъагэу уе1эт,
Уи жьауэм къыдже1э - "АДЫГЭ, ФЫЗЭКЪУЭТ!"

P.S.

Гугъап1э къыдиту ныпым дыщ1этщи,
Тхьэм и гущ1эгъур къытлъигъэ1эс!
Тхьэшхуэр ди пашэу ди япэ итщи,
Хъуэпсап1эу щы1эм дылъэгъэ1эс!
 
17.04.2020гъ


Рецензии