Щабэрык1уэу си ныбжь ц1ык1у - сабийхэм я усэ

Си ныбжь ц1ык1ум и насып!
Нуру хъуар къегъэсэбэп.
Ц1ут1 жимы1эу ныбжьэгъу щэху,
Дызэрызу мэщыр нэху.

Зэм уафэгум ар йохьэж,
Зэм аргуэру къызгуоувэж.
Пщэдджыжьыпэм нэхущ вагъуэу,
Сыкъегъуэтыжыр и щ1эщыгъуэу.

Дызэдошхэ, псыхьэ док1уэ,
Зэм сигъусэу чэтым нок1уэ.
Къызбгъурыту къыздежыхь,
Сигъэк1уэдкъым, емыпсых.

Къыздоджэгур, зыдогъаф1э,
Дызэщ1ыгъуу дыкъызэдофэ.
Жьауэ хъумэ, зегъэпсэху,
А зэ закъуэм къыск1эроху.

Зэш имыщ1эу сщ1эр ещ1эж,
Ауэ к1ыф1ым мэк1уэдыж.
Си пэ ищмэ ск1эрыхужу,
Нэху къыстридзэмэ къоувыж.

Сыкъэрабгъэкъым, фощ1эж!
Сэ си ныбжьым сщымыщтэж!
Щабэрык1уэу ар сф1эф1ыбзэщ,
Ныбжьэгъу пэжу быдэщ и бзэр!


14.08.2022гъ


Рецензии