Нанэ и дэ1эпыкъуэгъу

Нанэ схуохъу дэ1эпыкъуэгъу!
Дунейр уэгъущ - ди хьэсэр мэгъу.
Мэгъуж нащэ къэгъэгъахэр,
Нанэ гъатхэм къигъэк1ахэр.

Уэшх къемышхми дыщымыс-
Псы щ1ыдок1э! Флъагъурэ, мис?!
Нащэ хьэсэр догъэгуф1э,
Псы 1эф1ыбзэу идогъафэ.

Ди хьэ ц1ык1ури ди 1эпэгъущ,
Ари мэхъу дэ1эпыкъуэгъу!
Мис апхуэдэурэ гъэмахуэм,
Щхьэх дымыщ1эу мак1уэ махуэр.

Ф1ыуэ флъагъурэ фэ фи нанэр?
Дауэ фгъак1уэрэ гъэмахуэр?
Зыхэвгъэлъ хэти гущ1эгъу,
Нанэ фхуэхъу дэ1эпыкъуэгъу!

10.08.2022гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ

Усэхэр зэхэлъхьа, ухуа зэрыхъу щ1ык1эм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр ди бзэ дахэращ!
Абы къинэмыщ1ауэ, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, мыбы еджэ дэтхэнэри, щ1алит1 си1эщ. Т1ури бын унагъуэхэщ. Щ1алэ нэхъыжьыр офицерщ! Бытырбыху дэт маршэл Будённэм и военнэ академиер (связи) къиухащ. Си къуэри, нысэри, къуэрылъху ц1ык1ухэри хамэ лъэпкъхэм яхэту щопсэухэ. Чита илъэситхук1э къулыкъу щищ1а нэужь, Буйнакск щыпидзэжащ къулыкъущ1эныр. Урысыбзэр, инджылыбзэр, уеблэмэ, дэгъыстаныбзэр къуэрылъху ц1ык1ухэм щагъэуэршэрк1э, адыгэбзэр бзэрабзэу къа1урылъэлъыным папщ1э, усэбзэк1э сахуотхэ. Сабий усэ ц1ык1ухэмк1э Ди бзэ дахэм дызогъэхьэх.

Аллыхьышхуэм и ф1ыщ1эк1э, пл1эрэ сы-нанэщ.


Рецензии