Сыногупсыс

Аргуэру шылэ тхыпхъэщ си гупсысэр,
Пщ1ыхьэп1эм я нэхъ дахэу сыпхуоусэ...
Сыплъэмы1эсми, пшэхэр щ1ызощык1,
Гупсысэ хъарк1э уи ц1эр хызодык1!

Сыногупсысыр къафэм я нэхъ к1ыхьу,
Сыногупсыс мазэщ1эу успэжыжьэу.
Макъамэм и уэрэду сыплъо1эс,
Сыплъэмы1эсми усэу сыногупсыс.

Сыте1эбэхук1э щабэу пшынэ 1эпэм,
Се1усэ сф1ощ1 уи пщ1ыхьхэм схуэсакъыпэу!
Сыплъэмы1эсми, схэтым хуэдэу пшагъуэм,
Къот1эп1ри си гур къегъэнэху уи лъагъуэр.

Слъэк1атэм, гъатхэ защ1э сщ1ынт ди гъащ1эр,
Лэгъупыкъур уэшх нэужьым дэщ1эращ1эу!
Жэщ к1ыхьым и нэхъ щ1ы1эм схуэхъуу дыгъэ,
Насыпыр щащ1эу! Сытри тф1эщ1эщыгъуэу!

Аращи си мэкъамэм хузэф1эк1ыр-
Мывэгум удз гъэгъахэр къыщегъэк1ыр.
Сф1эмащ1эу пхуэстхыр, нобэ сехь гупсысэм,
Пщ1ыхьэп1эм я нэхъ дахэу сызыхуэусэ...


06.08.2022гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии